нэхъыжь
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
нахьыжъ(ыр)/нэхъыжь(ыр), нахьыпэ(р)/нэхъыпэ(р), нахьпас(эр)/нэхъпасэ(р); KIDEMLİ
нэхъыжь(ыр)/нахьыжъ(ыр); KIDEMLİ
нахьыжъ/нэхъыжь; YAŞLI
нэхъыжь/нахьыжъ; YAŞLI
жъы/жьы, нахьыжъ/нэхъыжь; YAŞLI
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зэман нэхъыбэ къэзыгъэщӀа.
рустарший (по возрасту)
Зубер и къуэш нэхъыжьым къыхэкӀауэ и закъуэт, мылъку тӀэкӀуи иӀэт.— Къущхьэ СулътӀан
2. Зи ӀэнатӀэкӀэ, зи къулыкъукӀэ зыгуэрым и нэхъыщхьэ.
рустарший (по должности, званию и т. п.)
ЩӀэныгъэлӀ нэхъыжь.
3. Нэхъ зэман жыжьэм къыщӀэна, нэхъ куэд щӀауэ цӀыхум къадэгъуэгурыкӀуэ.
руболее древний
Къэбэрдейм ӀуэрыӀуатэу яӀэм я нэхъыжьыр нарт таурыхъхэрщ...— Нартхэр
1. НыбжькӀэ нэхъыжьыгъуэр зиӀэ.
рустарший, тот, кто старше (по возрасту)
Нэхъыжь зымыгъэлъапӀэр щхьэ лъапӀэгъуэ ихуэркъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Нэхъыжь кӀэлъыджэркъым-кӀэлъокӀуэ.— Псалъэжьхэр
2. КъулыкъукӀэ, ӀэнатӀэкӀэ нэхъыжьыгъуэр зиӀэ.
рустарший, тот кто старше (по должности, званию и т. п.)
Мэлыхъуэ пщыӀэ пэтрэ зы нэхъыжь иӀэщ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
нэхъыжь I 1. старший (по возрасту) / Зэман нэхъыбэ къэзыгъэщӀа. * Зубер и къуэш нэхъыжьым къыхэкӀауэ и закъуэт, мылъку тӀэкӀуи иӀэт. Къу. С. 2. старший (по должности, званию и т. п.) / Зи ӀэнатӀэкӀэ, зи къулыкъукӀэ зыгуэрым и нэхъыщхьэ. ЩӀэныгъэлӀ нэхъыжь. 3. более древний / Нэхъ зэман жыжьэм къыщӀэна, нэхъ куэд щӀауэ цӀыхум къадэгъуэгурыкӀуэ. * Къэбэрдейм ӀуэрыӀуатэу яӀэм я нэхъыжьыр нарт таурыхъхэрщ... Нарт. II 1. старший, тот, кто старше (по возрасту) / НыбжькӀэ нэхъыжьыгъуэр зиӀэ. * Нэхъыжь зымыгъэлъапӀэр щхьэ лъапӀэгъуэ ихуэркъым. (погов.) Нэхъыжь кӀэлъыджэркъым-кӀэлъокӀуэ. (погов.) 2. старший, тот кто старше (по должности, званию и т. п.) / КъулыкъукӀэ, ӀэнатӀэкӀэ нэхъыжьыгъуэр зиӀэ. * Мэлыхъуэ пщыӀэ пэтрэ зы нэхъыжь иӀэщ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зэман нэхъыбэ къэзыгъэщӀа, ныбжь нэхъыбэ зиӀэ.
Хъыджэбзыр и ныбжькӀэ Саримэ нэхърэ тӀэкӀукӀэ нэхъыжьу арат, адрейхэм жаӀэр къыгурымыӀуэу, ар нэщхъейуэ щыст.— Хъуэпсэгъуэ нур, 308
+2 örnek
Гунэуэси, и сабий быныр игъусэу, нэхъыжь дыдэр япэ иту, нэхъыщӀэ цӀыкӀур джалэм къэтэджыжурэ якӀэлъыжэу, мафӀэм ис унэмкӀэ мажэ.— ГущӀэгъу, 423
Хъыджэбз цӀыкӀуитӀым нэхъыжьыр ӀэпцӀанэлъэпцӀанэ цӀыкӀу мыгъуэми, къэжэпхъащ, Ӏэпыдзлъэпыдзу и анэм иӀэщ.— Къалэн, 427
2. КъулыкъукӀэ, ӀэнатӀэкӀэ нэхъыжьыгъуэр зиӀэ.
Хэт и пщӀантӀи къыдэлъадэ, Ди хэку хьэщӀэ мыпудын, Ди нэхъыжьу ди тхьэмадэм ХьэщӀэм уи Ӏэр иубыдынщ.— Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100
+2 örnek
Зэкъуэшищым я нэхъыщӀэр, Джатэр щӀэлъу и блэгущӀэм, «ШыщӀэ къалъхум и хъумакӀуэ Хуит сыкъэфщӀи сэ сывгъакӀуэ», - ЖиӀэу, ар йолъэӀу нэхъыжьхэм.— Елбэздыкъуэ, 4
Дохутырым щыгът хэлат хужьыбзэ лъызащӀэ хъужауэ и жыпми зыгуэрхэр зэрилъри ӀупщӀти, сестра нэхъыжьыр пхъуэри а хэлатыр щиудри зыщӀыпӀэкӀэ дикуащ, тумбэм дэлъ хэлат хужьу ету зытедзар къыдипхъуэтри напӀэзыпӀэм дохутырым щитӀэгъащ.— Лъапсэ, 8
Kitapta geçtiği hali
НЭХЪЫЖЬ (115). 1. (50). Зэман нэхъыбэ къэзыгъэщӀа, ныбжь нэхъыбэ зиӀэ. Хъыджэбзыр и ныбжькӀэ Саримэ нэхърэ тӀэкӀукӀэ нэхъыжьу арат, адрейхэм жаӀэр къыгурымыӀуэу, ар нэщхъейуэ щыст. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. Гунэуэси, и сабий быныр игъусэу, нэхъыжь дыдэр япэ иту, нэхъыщӀэ цӀыкӀур джалэм къэтэджыжурэ якӀэлъыжэу, мафӀэм ис унэмкӀэ мажэ. ГущӀэгъу, 423. Хъыджэбз цӀыкӀуитӀым нэхъыжьыр ӀэпцӀанэлъэпцӀанэ цӀыкӀу мыгъуэми, къэжэпхъащ, Ӏэпыдзлъэпыдзу и анэм иӀэщ. Къалэн, 427. 2. (65). КъулыкъукӀэ, ӀэнатӀэкӀэ нэхъыжьыгъуэр зиӀэ. Хэт и пщӀантӀи къыдэлъадэ, Ди хэку хьэщӀэ мыпудын, Ди нэхъыжьу ди тхьэмадэм ХьэщӀэм уи Ӏэр иубыдынщ. Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100. Зэкъуэшищым я нэхъыщӀэр, Джатэр щӀэлъу и блэгущӀэм, «ШыщӀэ къалъхум и хъумакӀуэ Хуит сыкъэфщӀи сэ сывгъакӀуэ», - ЖиӀэу, ар йолъэӀу нэхъыжьхэм. «Елбэздыкъуэ», 4. Дохутырым щыгът хэлат хужьыбзэ лъызащӀэ хъужауэ и жыпми зыгуэрхэр зэрилъри ӀупщӀти, сестра нэхъыжьыр пхъуэри а хэлатыр щиудри зыщӀыпӀэкӀэ дикуащ, тумбэм дэлъ хэлат хужьу ету зытедзар къыдипхъуэтри напӀэзыпӀэм дохутырым щитӀэгъащ. Лъапсэ, 8.