нэхъыбэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым щыщу нэхъ куэдыр.
рубольшая часть кого-чего-л.
Унэхэм я нэхъыбэр къатитӀу зэтетт.
Зыгуэрым ебэкӀ, екуэдэкӀ, нэхъ куэд.
рубольше (количественно)
Kitapta geçtiği hali
нэхъыбэ I большая часть кого-чего-л. / Зыгуэрым щыщу нэхъ куэдыр. Унэхэм я нэхъыбэр къатитӀу зэтетт. II нареч. больше (количественно) / Зыгуэрым ебэкӀ, екуэдэкӀ, нэхъ куэд.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым щыщу нэхъ куэдыр. -576.
Абы лъандэрэ илъэс Ӏэджэ дэкӀами, къуажэм ящигъэпщкӀуакъым Кургъуокъуэ и мылъкум нэхъыбэр хабзэкӀэ Къасбот и бынунэм къахуигъанэу и пщӀантӀэр зэрибгынар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
+2 örnek
Ростов къиӀэпхъукӀауэ фыз гуэр пщэфӀапӀэм щӀэсати, абыи и хьэпшыпым и нэхъыбэр къигъанэри тхьэм ещӀэ здэкӀуар.— Нал къута, 236
Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмакъкӀэщӀащ, и нитӀыр къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу.— Лъапсэ, 47
Зыгуэрым екуэдэкӀ, нэхъ куэд.
Жансэхъу, Матренэ, Дорофеич зэчэнджэщыжри зэгурыӀуащ, Таша щхьэхуэу ягъэшхэну, и шхыным дагъэ нэхъыбэ халъхьэурэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603
+2 örnek
Къэрэмырзи ещӀэж ещанэу къатехыжыгъуей зэрыхъунур, бийм кӀуэ пэтми нэхъ зегъэбыдэ, къару нэхъыбэ зэщӀегъэуӀуэ, ӀэщэкӀи нэхъ хуэщӀащ, итӀани ӀэпщацагъэкӀэ ятекӀуэн и гугъэу дзэпщым къегъэзэжри зегъэхьэзыр— Лыгъэ, 411
Фадэ тӀэкӀур стэканитӀым къригъэхъуащ, сысейм нэхъыбэ иту, езым ейм Ӏубыгъуэ ныкъуэ ирикӀами арат— МелыӀыч, 441
Kitapta geçtiği hali
НЭХЪЫБЭ I (45). Зыгуэрым щыщу нэхъ куэдыр. Абы лъандэрэ илъэс Ӏэджэ дэкӀами, къуажэм ящигъэпщкӀуакъым Кургъуокъуэ и мылъкум нэхъыбэр хабзэкӀэ Къасбот и бынунэм къахуигъанэу и пщӀантӀэр зэрибгынар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575-576. Ростов къиӀэпхъукӀауэ фыз гуэр пщэфӀапӀэм щӀэсати, абыи и хьэпшыпым и нэхъыбэр къигъанэри тхьэм ещӀэ здэкӀуар. Нал къута, 236. Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмакъкӀэщӀащ, и нитӀыр къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу. Лъапсэ, 47.
НЭХЪЫБЭ II (76). нареч. Зыгуэрым екуэдэкӀ, нэхъ куэд. Жансэхъу, Матренэ, Дорофеич зэчэнджэщыжри зэгурыӀуащ, Таша щхьэхуэу ягъэшхэну, и шхыным дагъэ нэхъыбэ халъхьэурэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603. Къэрэмырзи ещӀэж ещанэу къатехыжыгъуей зэрыхъунур, бийм кӀуэ пэтми нэхъ зегъэбыдэ, къару нэхъыбэ зэщӀегъэуӀуэ, ӀэщэкӀи нэхъ хуэщӀащ, итӀани ӀэпщацагъэкӀэ ятекӀуэн и гугъэу дзэпщым къегъэзэжри зегъэхьэзыр. Лыгъэ, 411. Фадэ тӀэкӀур стэканитӀым къригъэхъуащ, сысейм нэхъыбэ иту, езым ейм Ӏубыгъуэ ныкъуэ ирикӀами арат. МелыӀыч, 441.