нэхъ къэщтэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(нэхъ къещтэ)
Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым нэхърэ адрейр нэхъ къыхэхын, гур нэхъ хуэкӀуэн.
ПщэфӀапӀэмкӀэ кърихыу лы гъэвам и мэ ӀэфӀыр къащӀихьэрт, итӀани Лу шхапӀэмкӀэ сыкӀуащэрэт жиӀэртэкъым, Къазджэрий бгъэдэсу тхылъым хэсмэ, нэхъ къищтэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602
+2 örnek
Бжэ къуагъым сыкъуэлъмэ, нэхъ къищтэу щытатэмэ, и пӀэм сригъэгъуэлъхьэнт, жызоӀэри сэри Ӏэнкуну сыщысщ: сыдэгъуэлъын цӀыхубзым хьэмэ унэ лъэгум сигъуэлъхьэн.— МелыӀыч, 443
Ар къабыл зымыщӀа щыӀэми, Абу-Деруиш и унэгуащэм фӀэфӀыр нэхъ къищтащи, унэр еуэ ирагъэшхыу ящӀ.— Кхъэлэгъунэ, 376
Kitapta geçtiği hali
НЭХЪ КЪЭЩТЭН (нэхъ къещтэ) лъэӀ. (40). Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым нэхърэ адрейр нэхъ къыхэхын, гур нэхъ хуэкӀуэн. ПщэфӀапӀэмкӀэ кърихыу лы гъэвам и мэ ӀэфӀыр къащӀихьэрт, итӀани Лу шхапӀэмкӀэ сыкӀуащэрэт жиӀэртэкъым, Къазджэрий бгъэдэсу тхылъым хэсмэ, нэхъ къищтэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602. Бжэ къуагъым сыкъуэлъмэ, нэхъ къищтэу щытатэмэ, и пӀэм сригъэгъуэлъхьэнт, жызоӀэри сэри Ӏэнкуну сыщысщ: сыдэгъуэлъын цӀыхубзым хьэмэ унэ лъэгум сигъуэлъхьэн. МелыӀыч, 443. Ар къабыл зымыщӀа щыӀэми, Абу-Деруиш и унэгуащэм фӀэфӀыр нэхъ къищтащи, унэр еуэ ирагъэшхыу ящӀ. Кхъэлэгъунэ, 376.