нэс

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыгуэрхэм яку зэману е жыжьагъэу дэлъыр къызэрагъэлъагъуэм пыувэ псалъэ.

рудо

Хъуэжэ хьэжыгъэр къищтэри ефэндым и унэм нэс къыхуихьыжащ.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ

Куэдагъ, бжыгъэ, мардэ сыт хуэдэхэр хуэгъэфэщауэ щыжаӀэм деж "нэблагъэ" мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп.

рудо, около, приблизительно

Хьэджафэ защӀэу дэ диӀащ щитӀым нэс.— Ӏуащхьэмахуэ

Зэрыщытыпхъэм тет, щыщӀагъэ зимыӀэ, икъукӀэ фӀы.

рунастоящий; превосходный

ЛӀыхъужь нэс. ЦӀыху нэс. Хьэуэ, къыхуэт щымыӀэу лӀы нэсщ а ХьэпащӀэ!..— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

нэс I послелог. до / Зыгуэрхэм яку зэману е жыжьагъэу дэлъыр къызэрагъэлъагъуэм пыувэ псалъэ. * Хъуэжэ хьэжыгъэр къищтэри ефэндым и унэм нэс къыхуихьыжащ. Хъу. и таур. II нареч. до, около, приблизительно / Куэдагъ, бжыгъэ, мардэ сыт хуэдэхэр хуэгъэфэщауэ щыжаӀэм деж "нэблагъэ" мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп. * Хьэджафэ защӀэу дэ диӀащ щитӀым нэс. Ӏуащхь. III настоящий; превосходный / Зэрыщытыпхъэм тет, щыщӀагъэ зимыӀэ, икъукӀэ фӀы. * ЛӀыхъужь нэс. ЦӀыху нэс. Хьэуэ, къыхуэт щымыӀэу лӀы нэсщ а ХьэпащӀэ!.. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэрхэм яку зэману е жыжьагъэу дэлъыр къызэрагъэлъагъуэм пыувэ псалъэщ.

Рахьим куэд щӀауэ зэхихат Кавказым нэс къикӀа адыгэ хьэщӀэм и хъыбари, хуабжьу нэжэгужэу, пщӀэшхуэ хуищӀу къыпежьащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666

+2 örnek

Дэфэрэдж ищӀэрт Истамбыл нэс зы тхьэмахуэ гъуэгу зэрыдэлъыр, адыгэхэр псым икӀын хуей хъуамэ, цӀыху къэс хуэзэу зы кхъуещхьэ, ху матэ, лы гъэгъуауэ дзажэ е дзажитӀ, абы ищӀыӀужкӀэ псы узэфэну зы фэндырэ – арат гъуэмылэр.— Лъапсэ, 40

Къыбогъэзэжри – дэ къиттхъуа псынэм нэс сыхьэтитӀкӀэ укӀуэн

Куэдагъ, бжыгъэ с.ху. хуэгъэфэщауэ щыжаӀэм деж «нэблагъэ» мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп.

Лъэбакъуищым нэс нэхъ мыхъуми Пащтыхьыгъуэ сэ къызэт, - ЖыпӀэу Тхьэшхуэм ущелъэӀум Ӏэмалышхуэ улъыхъуат— Индийскэ поэмэ, 366

+1 örnek

Унагъуэм ис нэрыбгэр куэдмэ, хьэпшыпыр мащӀэу, нэрыбгэр мащӀэмэ, хьэпшыпыр нэхъыбэу – килограмм щитӀым нэс къапщтэ хъунут— Лъапсэ, 85

Kitapta geçtiği hali

НЭС I (71). послелог. Зыгуэрхэм яку зэману е жыжьагъэу дэлъыр къызэрагъэлъагъуэм пыувэ псалъэщ. Рахьим куэд щӀауэ зэхихат Кавказым нэс къикӀа адыгэ хьэщӀэм и хъыбари, хуабжьу нэжэгужэу, пщӀэшхуэ хуищӀу къыпежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Дэфэрэдж ищӀэрт Истамбыл нэс зы тхьэмахуэ гъуэгу зэрыдэлъыр, адыгэхэр псым икӀын хуей хъуамэ, цӀыху къэс хуэзэу зы кхъуещхьэ, ху матэ, лы гъэгъуауэ дзажэ е дзажитӀ, абы ищӀыӀужкӀэ псы узэфэну зы фэндырэ – арат гъуэмылэр. Лъапсэ, 40. Къыбогъэзэжри – дэ къиттхъуа псынэм нэс сыхьэтитӀкӀэ укӀуэн

НЭС II (2). нареч. Куэдагъ, бжыгъэ с.ху. хуэгъэфэщауэ щыжаӀэм деж «нэблагъэ» мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп. Лъэбакъуищым нэс нэхъ мыхъуми Пащтыхьыгъуэ сэ къызэт, - ЖыпӀэу Тхьэшхуэм ущелъэӀум Ӏэмалышхуэ улъыхъуат. «Индийскэ поэмэ», 366. Унагъуэм ис нэрыбгэр куэдмэ, хьэпшыпыр мащӀэу, нэрыбгэр мащӀэмэ, хьэпшыпыр нэхъыбэу – килограмм щитӀым нэс къапщтэ хъунут. Лъапсэ, 85.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dek ulaşım vasıl

Düzeltme Öner

нэс
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.