нэблэгъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ноблагъэ)
Зыгуэрым гъунэгъу хуэхъун.
руприблизиться к чему-л.
ПщыхьэщхьэхуэкӀуэ хъуауэ Шэджэмокъуэр нэблэгъащ Пхыдза къэбакъым.— Теунэ Хьэчим
+2 örnek
Абы щыгъуэ сэ илъэс тӀощӀым сынэблэгъат.— Махъсидэ Залымхъан
Зэманыр шэджагъуэм нэблэгъауэ, щыхьэкӀуэ шур къуажэм нэсащ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
нэблэгъэн (ноблагъэ) неперех. гл. приблизиться к чему-л. / Зыгуэрым гъунэгъу хуэхъун. * ПщыхьэщхьэхуэкӀуэ хъуауэ Шэджэмокъуэр нэблэгъащ Пхыдза къэбакъым. Т. Хь. Абы щыгъуэ сэ илъэс тӀощӀым сынэблэгъат. М. З. Зэманыр шэджагъуэм нэблэгъауэ, щыхьэкӀуэ шур къуажэм нэсащ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ноблагъэ)
1. Зэманыр зы пӀалъэ пыухыкӀам нэсын.
Илъэс етӀуанэм нэблагъэу, ЗэуапӀэ губгъуэм ар иту, Егъажэ лъыпсыр уи къуэшым, Анэ быдзышэм хуэдабзэу Абы и напэр къэбзабзэщ— Адэ, 140
+2 örnek
Спектаклым и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀэ къэмыкӀар къыщыхъуам.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660
Октябрь мазэр и кӀэм нэблэгъауэ щӀыӀэ къэхъуати, цӀыхум щӀымахуэм зыхуагъэхьэзырырт.— Нал къута, 274
2. Зы щӀыпӀэ пыухыкӀам нэсын, гъунэгъу хуэхъун.
Куэбжэм сынэблагъэрэ сызыщӀэдэӀукӀмэ, япэм хуэдэу Анка и щыщ макъ щызэхэзмыхым, си гум щӀыхьауэ унэмкӀэ сымыкӀуэу шэщым сыщӀохьэ.— Анка, 384
+1 örnek
Хьэпсым ис зы гупышхуэ эвакуацэ ящӀу здахум, къэзакъ станицэ гуэрым нэблэгъауэ, «шокъу» жиӀэу нэмыцэ мотоциклист защӀэу дзэ къакӀуэу къахуэзащ.— Къалэн, 433
Kitapta geçtiği hali
НЭБЛЭГЪЭН (ноблагъэ) лъэмыӀ. (24). 1. (17). Зэманыр зы пӀалъэ пыухыкӀам нэсын. Илъэс етӀуанэм нэблагъэу, ЗэуапӀэ губгъуэм ар иту, Егъажэ лъыпсыр уи къуэшым, Анэ быдзышэм хуэдабзэу Абы и напэр къэбзабзэщ. «Адэ», 140. Спектаклым и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀэ къэмыкӀар къыщыхъуам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660. Октябрь мазэр и кӀэм нэблэгъауэ щӀыӀэ къэхъуати, цӀыхум щӀымахуэм зыхуагъэхьэзырырт. Нал къута, 274. 2. (7). Зы щӀыпӀэ пыухыкӀам нэсын, гъунэгъу хуэхъун. Куэбжэм сынэблагъэрэ сызыщӀэдэӀукӀмэ, япэм хуэдэу Анка и щыщ макъ щызэхэзмыхым, си гум щӀыхьауэ унэмкӀэ сымыкӀуэу шэщым сыщӀохьэ. Анка, 384. Хьэпсым ис зы гупышхуэ эвакуацэ ящӀу здахум, къэзакъ станицэ гуэрым нэблэгъауэ, «шокъу» жиӀэу нэмыцэ мотоциклист защӀэу дзэ къакӀуэу къахуэзащ. Къалэн, 433.