нысащӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Нысэ къашагъащӀэ.
руневестка; новобрачная, молодая
Фызышэр псынщӀэу къакӀуэрт... япэ ит машинэм нысащӀэр... ист, и щхьэц данафэм чэсеипс щхьэтепхъуэр тепхъуауэ.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
нысащӀэ невестка; новобрачная, молодая / Нысэ къашагъащӀэ. * Фызышэр псынщӀэу къакӀуэрт... япэ ит машинэм нысащӀэр... ист, и щхьэц данафэм чэсеипс щхьэтепхъуэр тепхъуауэ. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Нысэ къашагъащӀэ.
Бэлацэ хъыбар гуэр жиӀат, нысащӀэр Ӏуэм жэмыш кӀуауэ, шкӀэм щызэгуигъэпым, и кӀэбдз лъакъуитӀыр къиубыду ар бжыхьым щхьэпридзауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 279
+2 örnek
Къазджэрий сымэ джэгумкӀэ кӀуэуэ щилъагъум, Лу къабгъуэдыхьащ, нысащӀэр гъунэгъуу зэригъэлъагъуну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598
НысащӀэр унэм зэрыщӀашэу, Дэфэрэдж, зи абгъуэ къилъэта джэдкъуртым ещхьу, унэм къыщӀэцӀэфтри уэрамым дэлъэдащ: - Уэхьэхьей, дэлъху сиӀэ мыгъуэмэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀ.— Лъапсэ, 118
Atasözleri (1)
нысащӀэ мышынэр мэл щхьэ фӀэбзам щошынэ
ЦӀыху фэрыщӀым, зэрыщымыту зызыщӀым хужаӀэ.
–ЛӀо, нысащӀэ мышынэр мэл щхьэ фӀэбзам щошынэ, жыхуаӀэм ухуэдэ.— Щыныэхужьыкъуэ, 46
+1 örnek
[Хьэжумар:] НысащӀэ мышынэр мэл щхьэфӀэбзам щышынащ жыхуиӀэм ухуэдэщ уэ.— Алъхъо, 97
Kitapta geçtiği hali
НЫСАЩӀЭ (64). Нысэ къашагъащӀэ. Бэлацэ хъыбар гуэр жиӀат, нысащӀэр Ӏуэм жэмыш кӀуауэ, шкӀэм щызэгуигъэпым, и кӀэбдз лъакъуитӀыр къиубыду ар бжыхьым щхьэпридзауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 279. Къазджэрий сымэ джэгумкӀэ кӀуэуэ щилъагъум, Лу къабгъуэдыхьащ, нысащӀэр гъунэгъуу зэригъэлъагъуну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598. НысащӀэр унэм зэрыщӀашэу, Дэфэрэдж, зи абгъуэ къилъэта джэдкъуртым ещхьу, унэм къыщӀэцӀэфтри уэрамым дэлъэдащ: - Уэхьэхьей, дэлъху сиӀэ мыгъуэмэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀ. Лъапсэ, 118. ☐ НысащӀэ мышынэр мэл щхьэ фӀэбзам щошынэ (2). ЦӀыху фэрыщӀым, зэрыщымыту зызыщӀым хужаӀэ. –ЛӀо, нысащӀэ мышынэр мэл щхьэ фӀэбзам щошынэ, жыхуаӀэм ухуэдэ. Щыныэхужьыкъуэ, 46. [Хьэжумар:] НысащӀэ мышынэр мэл щхьэфӀэбзам щышынащ жыхуиӀэм ухуэдэщ уэ. Алъхъо, 97.