ныбэф
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зи ныбэр къипщауэ щыт, ныбэшхуэ.
рупросторечие брюхастый, толстобрюхий, пузатый
ЛӀы гъум ныбэф.
2. Лъахъшэ быхъуу, и джабэхэр къипщауэ щыт (хьэкъущыкъу сыт хуэдэхэм щхьэкӀэ жаӀэ).
рупузатый (напр. чайник)
Шеныч ныбэф. Кхъухь ныбэф цӀыкӀу гуэр Псжь тету йох.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
ныбэф 1. просторечие брюхастый, толстобрюхий, пузатый / Зи ныбэр къипщауэ щыт, ныбэшхуэ. ЛӀы гъум ныбэф. 2. переносное пузатый (напр. чайник) / Лъахъшэ быхъуу, и джабэхэр къипщауэ щыт (хьэкъущыкъу сыт хуэдэхэм щхьэкӀэ жаӀэ). * Шеныч ныбэф. Кхъухь ныбэф цӀыкӀу гуэр Псжь тету йох. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зи ныбэр къипщауэ щыт, ныбэшхуэ, ныбэ ин.
Апчарэ мэжалӀэ лӀэ пэтми, а лӀы ныбэфым еплъмэ, и дыхьэшхын къакӀуэрти, шым и къуагъым къуэувауэ къуэтт.— Нал къута, 269
+2 örnek
Тырку ныбэфу хъыджэбз цӀыкӀу къомыр къэзыщэхуар хьилэкӀэ Ӏэзэ гуэру къыщӀэкӀащ: хъыджэбз цӀыкӀухэр кхъухьым щрагъэтӀысхьэм зыми гу лъимытэу тырку цӀыхубз бзаджэ гуэр къакӀэщӀигъэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, къащэхуа хъыджэбзхэм уз къызэуз, зи щӀыфэ къабзэ-мыкъабзэ яхэтмэ зэригъэщӀэну.— Лъапсэ, 54
Арауи къыщӀэкӀынт, лӀы къэкӀуам шыд пэху, ныбэф цӀыкӀу къишэу къыщигъэзэжым, тӀэкӀу сабэ зыпыухьу щӀытетӀысхьэжар.— Аргъуей, 386
2.
Жэщыбгым фӀэкӀауэ кхъухь тедзапӀэм нэсри кхъухьыжь цӀыкӀу ныбэфу тенджыз Ӏуфэ дыдэм Ӏуту къалъэгъуащ, мо къакӀуэхэми гу къылъатэри тенджыз Ӏуфэм Ӏута цӀыхухэр нэхъыбэ хъууэ хуежьащ.— Лъапсэ, 36
Kitapta geçtiği hali
НЫБЭФ (14). 1. (12). Зи ныбэр къипщауэ щыт, ныбэшхуэ, ныбэ ин. Апчарэ мэжалӀэ лӀэ пэтми, а лӀы ныбэфым еплъмэ, и дыхьэшхын къакӀуэрти, шым и къуагъым къуэувауэ къуэтт. Нал къута, 269. Тырку ныбэфу хъыджэбз цӀыкӀу къомыр къэзыщэхуар хьилэкӀэ Ӏэзэ гуэру къыщӀэкӀащ: хъыджэбз цӀыкӀухэр кхъухьым щрагъэтӀысхьэм зыми гу лъимытэу тырку цӀыхубз бзаджэ гуэр къакӀэщӀигъэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, къащэхуа хъыджэбзхэм уз къызэуз, зи щӀыфэ къабзэ-мыкъабзэ яхэтмэ зэригъэщӀэну. Лъапсэ, 54. Арауи къыщӀэкӀынт, лӀы къэкӀуам шыд пэху, ныбэф цӀыкӀу къишэу къыщигъэзэжым, тӀэкӀу сабэ зыпыухьу щӀытетӀысхьэжар. Аргъуей, 386. 2. (2). плъыф. Жэщыбгым фӀэкӀауэ кхъухь тедзапӀэм нэсри кхъухьыжь цӀыкӀу ныбэфу тенджыз Ӏуфэ дыдэм Ӏуту къалъэгъуащ, мо къакӀуэхэми гу къылъатэри тенджыз Ӏуфэм Ӏута цӀыхухэр нэхъыбэ хъууэ хуежьащ. Лъапсэ, 36.