ныбжь нэсын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Къызэралъхурэ илъэс бжыгъэ гуэр ирикъун.
ТӀощӀ фӀэкӀ си ныбжьыр нэмысауэ Сэ гузэвэгъуэр къысхуихуащ.— Синдур. «Батырыбжьэ», 83
2. Жьы хъун, и лӀэгъуэр къэблэгъэн.
Сэри сыщӀалэжкъым, си ныбжь нэсащ – гъусэ симыӀэу гъуэгуанэ жыжьэ дауэ сытехьэн?— Нал къута, 231
Deyimler (3)
[зи] ныбжь нэмыса
Сабиигъуэм ит, балигъ мыхъуа, ныбжькӀэ мащӀэ къэзыгъэщӀа.
Сыт жыпӀэу ептыну зи ныбжь нэмыса сабийр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 138
[и] ныбжь хэкӀуэтэн
Куэд къэгъэщӀэн, жьы хъун, ныбжьышхуэ иӀэн.
И ныбжькӀэ Щэрданыр хэкӀуэтакъым, ауэ фадэ жагъуэу зэримылъагъур уигъащӀэу и нэщӀащэр щӀэуфӀыцӀыкӀат, щӀыӀэ зыхэтар дауэ епӀэстхъами, и нэкӀушхуэ фафӀэр нэхъ плъыжь хъуатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290
+2 örnek
Я ныбжь еджакӀуэм хэкӀуэтащи, Я къэрэндащыр яӀэщӀоху, Хьэрф ятхыр тӀэкӀуи къуаншэбыншэу ТхылъымпӀэр хьэлъэу зэбгыроху.— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384
А лъэхъэнэм Мысыр къэралым пащтыхьу тетыр Мустафэт, и ныбжьыр хэкӀуэта пэтми, зигъэткӀийт, фӀыкӀэ къыпыпхын щымыӀэу, и фызыр щӀалэти, дзыхь щӀагъуэ хуимыщӀу кӀэлъыплът.— Лъапсэ, 100
[и] ныбжьым темыщӀыхьын
ЦӀыхум хузэфӀэкӀар е хузэфӀэкынур ар зэрыхъуа илъэс бжыгъэмкӀэ къэпщӀэну ухэмытын.
Зи гъащӀэ кӀыхьыр зэбгъэщӀэнум, И ныбжьым зыкӀи тумыщӀыхь: Хейм къыщхьэщыжу къаукӀамэ, И гъащӀэр тӀукӀэ хъуащ нэхъ кӀыхь.— Зи гъащӀэ кӀыхь. «Батырыбжьэ», 148
Kitapta geçtiği hali
[И] НЫБЖЬ НЭСЫН (2). 1. (1). Къызэралъхурэ илъэс бжыгъэ гуэр ирикъун. ТӀощӀ фӀэкӀ си ныбжьыр нэмысауэ Сэ гузэвэгъуэр къысхуихуащ. Синдур. «Батырыбжьэ», 83. 2. (1). Жьы хъун, и лӀэгъуэр къэблэгъэн. Сэри сыщӀалэжкъым, си ныбжь нэсащ – гъусэ симыӀэу гъуэгуанэ жыжьэ дауэ сытехьэн? Нал къута, 231. ◊ [Зи] ныбжь нэмыса (1). Сабиигъуэм ит, балигъ мыхъуа, ныбжькӀэ мащӀэ къэзыгъэщӀа. Сыт жыпӀэу ептыну зи ныбжь нэмыса сабийр? Хъуэпсэгъуэ нур, 138. [И] ныбжь хэкӀуэтэн (9). Куэд къэгъэщӀэн, жьы хъун, ныбжьышхуэ иӀэн. И ныбжькӀэ Щэрданыр хэкӀуэтакъым, ауэ фадэ жагъуэу зэримылъагъур уигъащӀэу и нэщӀащэр щӀэуфӀыцӀыкӀат, щӀыӀэ зыхэтар дауэ епӀэстхъами, и нэкӀушхуэ фафӀэр нэхъ плъыжь хъуатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. Я ныбжь еджакӀуэм хэкӀуэтащи, Я къэрэндащыр яӀэщӀоху, Хьэрф ятхыр тӀэкӀуи къуаншэбыншэу ТхылъымпӀэр хьэлъэу зэбгыроху. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. А лъэхъэнэм Мысыр къэралым пащтыхьу тетыр Мустафэт, и ныбжьыр хэкӀуэта пэтми, зигъэткӀийт, фӀыкӀэ къыпыпхын щымыӀэу, и фызыр щӀалэти, дзыхь щӀагъуэ хуимыщӀу кӀэлъыплът. Лъапсэ, 100. [И] ныбжьым темыщӀыхьын (1). ЦӀыхум хузэфӀэкӀар е хузэфӀэкынур ар зэрыхъуа илъэс бжыгъэмкӀэ къэпщӀэну ухэмытын. Зи гъащӀэ кӀыхьыр зэбгъэщӀэнум, И ныбжьым зыкӀи тумыщӀыхь: Хейм къыщхьэщыжу къаукӀамэ, И гъащӀэр тӀукӀэ хъуащ нэхъ кӀыхь. Зи гъащӀэ кӀыхь. «Батырыбжьэ», 148.