нобэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
неп(э)/нобэ; BUGÜN
нобэ/неп(э); BUGÜN
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Махуэ екӀуэкӀым, дызэрыт махуэм.
русегодня
Нобэ хуабэщ. Нобэ ежьэн.
2. ЕкӀуэкӀ зэманым, дызэрыт зэманым, иджы.
рув настоящее время, теперь
Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр Пшэм пхылъэту щытыгъакъым, къимыгъазэу щӀыри хыри ЗэпиупщӀу ар къэсакъым.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
Bu maddedeki ifadeler (2)
нобэр къыздэсым
рудо сегодняшнего дня, до сих пор.
- Ныбжьэгъухэ, - жеӀэ Мэжид, - дэ нобэр къыздэсым дыбэуэну дыхуимыту даӀыгъащ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
нобэми ныжэбэми
ру1) 2) всё время, денно и нощно.
нобэр къыздэсым
Kitapta geçtiği hali
нобэ нареч. 1. сегодня / Махуэ екӀуэкӀым, дызэрыт махуэм. Нобэ хуабэщ. Нобэ ежьэн. 2. в настоящее время, теперь / ЕкӀуэкӀ зэманым, дызэрыт зэманым, иджы. * Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр Пшэм пхылъэту щытыгъакъым, къимыгъазэу щӀыри хыри ЗэпиупщӀу ар къэсакъым. Щ. А. Нобэр къыздэсым до сегодняшнего дня, до сих пор. * - Ныбжьэгъухэ, - жеӀэ Мэжид, - дэ нобэр къыздэсым дыбэуэну дыхуимыту даӀыгъащ. Сов. Къэб. ифольк. Нобэми ныжэбэми 1) = нобэр къыздэсым. 2) всё время, денно и нощно.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Махуэ екӀуэкӀым, дызэрыт махуэм.
Хьэрун аргуэру ар и нэрыгъыу Хьэмым ишащи цӀыхухэр щодаӀуэ, ЩӀалэр зыщӀэкъум и Ӏэр тоӀэбэ: - Ди драмкружокыр нобэ зэхуосри Мадинэ, клубым къэсыт ныщхьэбэ, - ЖиӀэу а щӀалэм радиом къетыр.— Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 98
+2 örnek
Уеблэмэ нобэ къызэхуэса къомым Мэтхъэным суд тращӀыхьыну къэрэхьэлъкъыр къызэхуашэсауэ зи гугъэу яхэтри мащӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320
Хьэбибэ нобэ тхьэлъэӀу ищӀыжынщ, джэд иукӀынщи, лэкъуми игъэжьэнщ.— Нал къута, 223
2. Иджы, дызэрыт зэманым, екӀуэкӀ зэманым.
А хабзэр нобэ щымыӀэж, ИтӀани гъуэгум димыхьэхым, Шэсын имыщӀмэ гукъыдэж, - А лӀым къигъащӀэр мыхьэнэншэщ.— Пасэрей хабзэ. «Вагъуэ махуэ», 362
+2 örnek
Ефэр нобэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэщ, итӀани уи хъуэхъум хэт псалъэхэм ещхьу зы къагупсысынукъым.— КӀапсэ кӀапэ, 15
И ныбжьыр нэсащ, нобэ быныр я адэ-анэм емыдэӀуэж хъуащ.— Лэчымэ, 391
Deyimler (7)
нобэ(р) къыздэсым
Иджы зэманым къэс.
Нобэр къыздэсым Шур цӀэрыӀуэщ, Нэмыс къыхуащӀри мэхъур лъагэ.— Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373
+2 örnek
Чокэ, зыкъом щӀауэ дэкӀащи, нобэ къыздэсым къуршым итщ, тхьэм ещӀэ здэщыӀэр.— Нал къута, 212
Хэт едэӀуами, Ботэх щыцӀыкӀуам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым хабзэм пщӀэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀ хуаӀэу гу лъитакъым, езым хьэлрэ щэну зыхилъхьар нэхъ зытеухуар зылъэкӀым и лъэр щӀоувэ жиӀэу аращи, къеущийӀауэ идэркъым..— Лъапсэ, 93
нобэ къэс
Тембот зигъэпартизану и адэм жриӀэжырт Нурхьэлий и унэм къыщӀэна фочымрэ шэмрэ нобэм къэс зэрихъумар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 308
+2 örnek
ИгъащӀэм псым дех бгы зэхуакури, нобэ къэс Ӏэхуитлъэхуиту дэкӀын хуэдэу псыӀур быхъу хуэщӀыркъым.— Нал къута, 299
Езым [мэз бжэным] нобэ къэси егъэщӀагъуэ щакӀуэм япэщӀэмыхуэу зэрыпсэур.— Кхъухь пхэнж, 503
Еплъ: нобэ къыздэсым
ноби ныжэби
Зэпыу, щӀэчэ, къэувыӀэ зимыӀэ щытыкӀэ.
КъигъапцӀэу Бот ар къимышатэмэ, ноби ныжэби и гъукӀэ къуийм теплъэнутэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271
+1 örnek
ЦӀыхубзым и лӀыр зауэм кӀуэри бзэхащи, ноби ныжэби хъыбар имыӀэу йокӀуэкӀ.— МелыӀыч, 441
нобэми ныжэбэми
Нобэ мыгъуэми ныжэбэ мыгъуэми сыпоплъэри, хъыбари бжьэбари иӀэкъым, - жиӀэрт фызыжь гуэрым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312
Еплъ: ноби ныжэби
3 deyim daha
нобэ-пщэдей
Мыгувэу, куэд дэмыкӀыу.
Нобэ-пщэдей, жыхуаӀэм хуэдэу, пэплъэрт Къазджэрий къэкӀуэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600
+1 örnek
Уи лъхуэныр нобэпщэдейщ.— Лъапсэ, 23
нобэ хуэдэ махуэ
Зыгуэрым иригъапщэу, хуагъадэу къагъэсэбэп.
А-а, Дуней къутэж жыхуаӀэр нобэ хуэдэ махуэти, - жиӀэрт Нани, - фыжэ, тӀасэ, фэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284
+2 örnek
НтӀэ, зы пцӀы пэгун нэхърэ зы пэж ткӀуэпс закъуэр нэхъыфӀкъэ нобэ хуэдэ махуэм.— Нал къута, 221
Уэй, нэхъыжь щӀыжаӀэр нобэ хуэдэ махуэщ, жаӀэри лӀыжьхэм я деж мажэ, къызэрогъэбырсей, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур игъэкӀуам Мэш яхэтт нэхъыжьыӀуэуи, хьэлэбэлыкъыр зэригъэзэхуэжащ.— Лъапсэ, 116
ноби пщэдеи
Зэман кӀэщӀым къриубыдэу, пӀалъэ имыӀэу, иджы дыдэ.
Сэиди жьы хъуащ, ноби пщэдеи…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650
+1 örnek
Мес, и унэгуащэр гукъыдэмыжу унэ нэщӀым къыщӀэнэжащ, и ахърэтыр ноби, пщэдеи – пщӀэну щыткъым, хьэдэ къуаншэу къыщӀэкӀынкӀи мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
Kitapta geçtiği hali
НОБЭ (528). нареч. 1. (430). Махуэ екӀуэкӀым, дызэрыт махуэм. Хьэрун аргуэру ар и нэрыгъыу Хьэмым ишащи цӀыхухэр щодаӀуэ, ЩӀалэр зыщӀэкъум и Ӏэр тоӀэбэ: - Ди драмкружокыр нобэ зэхуосри Мадинэ, клубым къэсыт ныщхьэбэ, - ЖиӀэу а щӀалэм радиом къетыр. Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 98. Уеблэмэ нобэ къызэхуэса къомым Мэтхъэным суд тращӀыхьыну къэрэхьэлъкъыр къызэхуашэсауэ зи гугъэу яхэтри мащӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. Хьэбибэ нобэ тхьэлъэӀу ищӀыжынщ, джэд иукӀынщи, лэкъуми игъэжьэнщ. Нал къута, 223. 2. (98). Иджы, дызэрыт зэманым, екӀуэкӀ зэманым. А хабзэр нобэ щымыӀэж, ИтӀани гъуэгум димыхьэхым, Шэсын имыщӀмэ гукъыдэж, - А лӀым къигъащӀэр мыхьэнэншэщ. Пасэрей хабзэ. «Вагъуэ махуэ», 362. Ефэр нобэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэщ, итӀани уи хъуэхъум хэт псалъэхэм ещхьу зы къагупсысынукъым. КӀапсэ кӀапэ, 15. И ныбжьыр нэсащ, нобэ быныр я адэ-анэм емыдэӀуэж хъуащ. Лэчымэ, 391. ◊ Нобэ(р) къыздэсым (11). Иджы зэманым къэс. Нобэр къыздэсым Шур цӀэрыӀуэщ, Нэмыс къыхуащӀри мэхъур лъагэ. Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373. Чокэ, зыкъом щӀауэ дэкӀащи, нобэ къыздэсым къуршым итщ, тхьэм ещӀэ здэщыӀэр. Нал къута, 212. Хэт едэӀуами, Ботэх щыцӀыкӀуам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым хабзэм пщӀэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀ хуаӀэу гу лъитакъым, езым хьэлрэ щэну зыхилъхьар нэхъ зытеухуар зылъэкӀым и лъэр щӀоувэ жиӀэу аращи, къеущийӀауэ идэркъым.. Лъапсэ, 93. Нобэ къэс (28). Еплъ нобэ къыздэсым. Тембот зигъэпартизану и адэм жриӀэжырт Нурхьэлий и унэм къыщӀэна фочымрэ шэмрэ нобэм къэс зэрихъумар. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. ИгъащӀэм псым дех бгы зэхуакури, нобэ къэс Ӏэхуитлъэхуиту дэкӀын хуэдэу псыӀур быхъу хуэщӀыркъым. Нал къута, 299. Езым [мэз бжэным] нобэ къэси егъэщӀагъуэ щакӀуэм япэщӀэмыхуэу зэрыпсэур. Кхъухь пхэнж, 503. Ноби ныжэби (3). Зэпыу, щӀэчэ, къэувыӀэ зимыӀэ щытыкӀэ. КъигъапцӀэу Бот ар къимышатэмэ, ноби ныжэби и гъукӀэ къуийм теплъэнутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. ЦӀыхубзым и лӀыр зауэм кӀуэри бзэхащи, ноби ныжэби хъыбар имыӀэу йокӀуэкӀ. МелыӀыч, 441. Нобэми ныжэбэми (1). Еплъ ноби ныжэби. Нобэ мыгъуэми ныжэбэ мыгъуэми сыпоплъэри, хъыбари бжьэбари иӀэкъым, - жиӀэрт фызыжь гуэрым. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. Нобэ-пщэдей (2). Мыгувэу, куэд дэмыкӀыу. Нобэ-пщэдей, жыхуаӀэм хуэдэу, пэплъэрт Къазджэрий къэкӀуэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. Уи лъхуэныр нобэпщэдейщ. Лъапсэ, 23. Нобэ хуэдэ махуэ (17). Зыгуэрым иригъапщэу, хуагъадэу къагъэсэбэп. А-а, Дуней къутэж жыхуаӀэр нобэ хуэдэ махуэти, - жиӀэрт Нани, - фыжэ, тӀасэ, фэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. НтӀэ, зы пцӀы пэгун нэхърэ зы пэж ткӀуэпс закъуэр нэхъыфӀкъэ нобэ хуэдэ махуэм. Нал къута, 221. Уэй, нэхъыжь щӀыжаӀэр нобэ хуэдэ махуэщ, жаӀэри лӀыжьхэм я деж мажэ, къызэрогъэбырсей, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур игъэкӀуам Мэш яхэтт нэхъыжьыӀуэуи, хьэлэбэлыкъыр зэригъэзэхуэжащ. Лъапсэ, 116. Ноби пщэдеи (2). Зэман кӀэщӀым къриубыдэу, пӀалъэ имыӀэу, иджы дыдэ. Сэиди жьы хъуащ, ноби пщэдеи… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. Мес, и унэгуащэр гукъыдэмыжу унэ нэщӀым къыщӀэнэжащ, и ахърэтыр ноби, пщэдеи – пщӀэну щыткъым, хьэдэ къуаншэу къыщӀэкӀынкӀи мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647.