мэремкъан
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
«Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм къыхэщ унэцӀэ.
Партизанхэм яхэт щӀалэхэр Мэремкъанымрэ Степан Ильичрэ ямыутӀыпщыжу, отряд цӀыкӀу къомыр зэхуашэсу дзэ зэрагъэпэщу абрэджу ежьэжам я ужь ихьэну арат я мурадыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 316
+2 örnek
Мэремкъаныр нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт, и жагъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имурадтэмэ, сыту жыпӀэмэ Инал иукъуэдият: щхьэж зыфӀэфӀыр кърешэ, хэт дэкӀуэнуми дрекӀуэ, лъэпкъ зэхэгъэж щыӀэкъым, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574
Мэремкъанхэ я пщӀантӀэр инщ, дэнэ къикӀри дэхуэнущ, шхын жыпӀэнущи – пэрыхьэтщ, дэнэ дежи уетӀысылӀэ хъунущ, ӀэнэщӀу къэкӀуар зэрызыххэщи, ерыскъыр здахьын ящӀэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582
Kitapta geçtiği hali
МЭРЕМКЪАН (18). «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм къыхэщ унэцӀэ. Партизанхэм яхэт щӀалэхэр Мэремкъанымрэ Степан Ильичрэ ямыутӀыпщыжу, отряд цӀыкӀу къомыр зэхуашэсу дзэ зэрагъэпэщу абрэджу ежьэжам я ужь ихьэну арат я мурадыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 316. Мэремкъаныр нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт, и жагъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имурадтэмэ, сыту жыпӀэмэ Инал иукъуэдият: щхьэж зыфӀэфӀыр кърешэ, хэт дэкӀуэнуми дрекӀуэ, лъэпкъ зэхэгъэж щыӀэкъым, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. Мэремкъанхэ я пщӀантӀэр инщ, дэнэ къикӀри дэхуэнущ, шхын жыпӀэнущи – пэрыхьэтщ, дэнэ дежи уетӀысылӀэ хъунущ, ӀэнэщӀу къэкӀуар зэрызыххэщи, ерыскъыр здахьын ящӀэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582.