мыхьэнэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ПКЪЫРЫЛЪ, купкӀ/купщӀэ, къиӀотыкӀ/къиӀуэтыкӀ, къыриӀотыкӀ/къыриӀуэтыкӀ, МЭХЬАН/МЫХЬЭНЭ; ANLAM
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым иӀэ пщӀэ, сэбэпынагъ, псалъэм къикӀ
русмысл, значение
. Ӏуэхум и мыхьэнэ. Псалъэм и мыхьэнэ. {Бажэм:} - Сыт и мыхьэнэ, и теплъэр фӀы щхьэкӀэ, жызум мыхъущ, уи дзэр асыхьэту игъэшынущ. Япэу лъ. з.
Bu maddedeki ifadeler (4)
мыхьэнэ иӀэн
руиметь смысл, быть значимым.
ЩӀэныгъэрэ Ӏэзагърэ пхэмылъмэ, мылъкум зы мыхьэнэи иӀэкъым.— КӀэрашэ Тембот
мыхьэнэ къикӀын
мыхьэнэ иӀэн
Зэпсэлъэныгъэм зыри мыхьэнэ къикӀакъым.— Нэгумэ Шорэ
мыхьэнэ хэлъын
мыхьэнэ иӀэн
Зи гъащӀэр хьэлэмэту, мыхьэнэ хэлъу зыхьа цӀыхухэм папщӀэ: - Куэд зымыгъащӀэу куэд зылъагъу, - жаӀэр адыгэхэм.— Нало Заур
мыхьэнэ нэхъыщхьэ
И пщӀэ, сэбэпынагъ нэхъыщхьэ, нэхъыщхьэу къикӀыр.
руосновное значение
Романым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр.
Kitapta geçtiği hali
мыхьэнэ смысл, значение / Зыгуэрым иӀэ пщӀэ, сэбэпынагъ, псалъэм къикӀ. Ӏуэхум и мыхьэнэ. Псалъэм и мыхьэнэ. {Бажэм:} - Сыт и мыхьэнэ, и теплъэр фӀы щхьэкӀэ, жызум мыхъущ, уи дзэр асыхьэту игъэшынущ. Япэу лъ. з. Мыхьэнэ иӀэн иметь смысл, быть значимым. * ЩӀэныгъэрэ Ӏэзагърэ пхэмылъмэ, мылъкум зы мыхьэнэи иӀэкъым. КӀ. Т. Мыхьэнэ къикӀын = мыхьэнэ иӀэн. * Зэпсэлъэныгъэм зыри мыхьэнэ къикӀакъым. Н. Ш. Мыхьэнэ хэлъын = мыхьэнэ иӀэн. * Зи гъащӀэр хьэлэмэту, мыхьэнэ хэлъу зыхьа цӀыхухэм папщӀэ: - Куэд зымыгъащӀэу куэд зылъагъу, - жаӀэр адыгэхэм. Н. З. мыхьэнэ нэхъыщхьэ основное значение / И пщӀэ, сэбэпынагъ нэхъыщхьэ, нэхъыщхьэу къикӀыр. Романым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым иӀэ сэбэпынагъ, щхьэпагъ. ◊
А псор къэбгъэбырсеижкӀэ сыт и мыхьэнэ, жиӀэри капитаным газетыр игъэпщкӀужащ.— Нал къута, 252
+8 örnek
И мыхьэнэри псалъэм сощӀэ, Бзэм хуэшэрыуэр сэ си щӀасэщ.— Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357
АрщхьэкӀэ шурэ лъэсрэ гъуэгу щызэгъусэркъым, жыӀуаӀэрат, машинэм лъэсу къыкӀэлъыбжыхькӀэ сыт и мыхьэнэ.— МелыӀыч, 437
Мыхьэнэ иӀэн (24). Зыгуэр къикӀыу щытын. Марк тегъэпщӀамрэ мыхъур телъымрэ мыхьэнэ гуэр зэриӀэр гъуом тыншу ищӀэрти, абыи и хъыбар жиӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 190
[Верэ Павловнэ спектаклым щыджэгуа гупым яжриӀэу:] Нобэ фэ дывгъэлъэгъуам мыхьэнэшхуэ иӀэр фэ фщӀэжуи уиӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670
Модрейм и нэр тенауэ дэтхэнэр дауэ щылъми, фӀамыщӀ закъуэ хэлъым нэхъ и гъунэгъум нартыху хьэдзэри зэрыхъуам – псоми мыхьэнэ зырыз яӀэщи йоплъ.— Щынэхужьыкъуэ, 32
Мыхьэнэ имыӀэн(9). Ӏуэхугъуэ гуэрым зыри къимыкӀын, щхьэпагъ, купщӀэ хэмылъын. –Зи, узыхуейр щӀэ, мыхьэнэ иӀэжкъым… - жиӀэри Ӏузизэ нэщхъыфӀэ-нэщхъыфӀэу хьэжым къеплъащ, сымаджэм, дауи, пщӀыхьэпӀэуи игу къэкӀыртэкъым абы бэлыхьлажьэу къыпэщылъыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 73
Якъуб и лъэужь пху щхьэкӀэ, мыхьэнэ иӀэтэкъыми, Локотош гъуэгу цӀыкӀу гуэрым теуващ, зыщӀыпӀэ дишэнщ гъуэгум жиӀэри.— Нал къута, 242
Пшапэри зэхэуащи, тӀэкӀу дэкӀмэ, кӀыфӀ хъунущ, улъыхъуэу къэпкӀухь щхьэкӀэ мыхьэнэ иӀэкъым.— ВитӀ, 415
Kitapta geçtiği hali
МЫХЬЭНЭ (9). Зыгуэрым иӀэ сэбэпынагъ, щхьэпагъ. А псор къэбгъэбырсеижкӀэ сыт и мыхьэнэ, жиӀэри капитаным газетыр игъэпщкӀужащ. Нал къута, 252. И мыхьэнэри псалъэм сощӀэ, Бзэм хуэшэрыуэр сэ си щӀасэщ. Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357. АрщхьэкӀэ шурэ лъэсрэ гъуэгу щызэгъусэркъым, жыӀуаӀэрат, машинэм лъэсу къыкӀэлъыбжыхькӀэ сыт и мыхьэнэ. МелыӀыч, 437. ◊ Мыхьэнэ иӀэн (24). Зыгуэр къикӀыу щытын. Марк тегъэпщӀамрэ мыхъур телъымрэ мыхьэнэ гуэр зэриӀэр гъуом тыншу ищӀэрти, абыи и хъыбар жиӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 190. [Верэ Павловнэ спектаклым щыджэгуа гупым яжриӀэу:] Нобэ фэ дывгъэлъэгъуам мыхьэнэшхуэ иӀэр фэ фщӀэжуи уиӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. Модрейм и нэр тенауэ дэтхэнэр дауэ щылъми, фӀамыщӀ закъуэ хэлъым нэхъ и гъунэгъум нартыху хьэдзэри зэрыхъуам – псоми мыхьэнэ зырыз яӀэщи йоплъ. Щынэхужьыкъуэ, 32. Мыхьэнэ имыӀэн (9). Ӏуэхугъуэ гуэрым зыри къимыкӀын, щхьэпагъ, купщӀэ хэмылъын. –Зи, узыхуейр щӀэ, мыхьэнэ иӀэжкъым… - жиӀэри Ӏузизэ нэщхъыфӀэ-нэщхъыфӀэу хьэжым къеплъащ, сымаджэм, дауи, пщӀыхьэпӀэуи игу къэкӀыртэкъым абы бэлыхьлажьэу къыпэщылъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 73. Якъуб и лъэужь пху щхьэкӀэ, мыхьэнэ иӀэтэкъыми, Локотош гъуэгу цӀыкӀу гуэрым теуващ, зыщӀыпӀэ дишэнщ гъуэгум жиӀэри. Нал къута, 242. Пшапэри зэхэуащи, тӀэкӀу дэкӀмэ, кӀыфӀ хъунущ, улъыхъуэу къэпкӀухь щхьэкӀэ мыхьэнэ иӀэкъым. ВитӀ, 415.