мухьэрэб
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэхуэсахэм я пащхьэм ефэндым (молэм) уаз щиту мэжджыт кӀуэцӀым иӀэ щӀыпӀэ хэха.
рурелиг. ниша в стене мечети, где мулла читает молитвы, молится
Молэр мухьэрэбым къитӀысхьащ.
Kitapta geçtiği hali
мухьэрэб религ. ниша в стене мечети, где мулла читает молитвы, молится / Зэхуэсахэм я пащхьэм ефэндым (молэм) уаз щиту мэжджыт кӀуэцӀым иӀэ щӀыпӀэ хэха. Молэр мухьэрэбым къитӀысхьащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ефэндым нэмэзыр щригъэщӀ щӀыпӀэ (мэжджытым и гупэмкӀэ).
Молэм дежкӀэ куэдщ ар мухьэрэбу, - жиӀэри Астемыр пичащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545
+2 örnek
[Таша] Мухьэрэбым исщ, жьынду шыр хуэдэу, къиплъу: «Си къуэш ягъэтӀысар, ялыхь, къегъэутӀыпщыж», - жиӀэу лъаӀуэу нэмэз ещӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556
Джэрдж ПӀытӀу тхьэ еӀуэ молэм и щхьэр мухьэрэбымкӀэ илъэтыкӀри Алыхьталэм и пащхьэ ихьэжауэ, и нэгу щӀэкӀар иӀуэтэжу.— Нал къута, 223
Kitapta geçtiği hali
МУХЬЭРЭБ (3). Ефэндым нэмэзыр щригъэщӀ щӀыпӀэ (мэжджытым и гупэмкӀэ). Молэм дежкӀэ куэдщ ар мухьэрэбу, - жиӀэри Астемыр пичащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545. [Таша] Мухьэрэбым исщ, жьынду шыр хуэдэу, къиплъу: «Си къуэш ягъэтӀысар, ялыхь, къегъэутӀыпщыж», - жиӀэу лъаӀуэу нэмэз ещӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. Джэрдж ПӀытӀу тхьэ еӀуэ молэм и щхьэр мухьэрэбымкӀэ илъэтыкӀри Алыхьталэм и пащхьэ ихьэжауэ, и нэгу щӀэкӀар иӀуэтэжу. Нал къута, 223.