мухъутар

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЦӀыхухъуцӀэщ, «Щынэхужьыкъуэ» романым ущрохьэлӀэ.

Газетым и редакторыр къеджамэ, псори къигъанэрти кӀуэрт, а цӀыхубзыр дивизэм я тылым щилъагъунути, Ӏэмал имыгъуэтмэ, Къазыхъуэ Мухъутар и фочыр къищтэрти, ежьэрт: сыкӀуэнщи, нэмыцэм сещэнщ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 69

+1 örnek

Жэщ хъури Къазыхъуэ Мухъутарыр ягъэтӀысащ, арщхьэкӀэ махуищ дэкӀри къаутӀыпщыжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 71

Къалэм и нэхъыщхьэ, тхьэмадэ.

Мэжджытыр къуэлэн дахэу, мрамор фӀыцӀафэмрэ тхьэмбылыфэмрэ сатыр-сатыркӀэ зэгъэкӀущауэ, и азэн джапӀэри дахащэу Ӏуащхьэ лъагэм къыщытехутэм, япэ къэгузэвар щӀапӀэ къезыта къалэ мыхъутарыращ: - Пащтыхь къалэм нэхърэ нэхъ лъагэ хъуащ.— Кхъэлэгъунэ, 377

+2 örnek

АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мухъутарыр зытегузэвыхьам ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури.— Кхъэлэгъунэ, 377

[БырмамытӀ мэрым жриӀэу] Мухъутархэр къызэхуэсмэ, абы я унафэр тщӀынщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406

Kitapta geçtiği hali

МУХЪУТАР (КЪАЗЫХЪУЭ) I (6). ЦӀыхухъуцӀэщ, «Щынэхужьыкъуэ» романым ущрохьэлӀэ. Газетым и редакторыр къеджамэ, псори къигъанэрти кӀуэрт, а цӀыхубзыр дивизэм я тылым щилъагъунути, Ӏэмал имыгъуэтмэ, Къазыхъуэ Мухъутар и фочыр къищтэрти, ежьэрт: сыкӀуэнщи, нэмыцэм сещэнщ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 69. Жэщ хъури Къазыхъуэ Мухъутарыр ягъэтӀысащ, арщхьэкӀэ махуищ дэкӀри къаутӀыпщыжащ. Щынэхужьыкъуэ, 71.

МУХЪУТАР II (9). Къалэм и нэхъыщхьэ, тхьэмадэ. Мэжджытыр къуэлэн дахэу, мрамор фӀыцӀафэмрэ тхьэмбылыфэмрэ сатыр-сатыркӀэ зэгъэкӀущауэ, и азэн джапӀэри дахащэу Ӏуащхьэ лъагэм къыщытехутэм, япэ къэгузэвар щӀапӀэ къезыта къалэ мыхъутарыращ: - Пащтыхь къалэм нэхърэ нэхъ лъагэ хъуащ. Кхъэлэгъунэ, 377. АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мухъутарыр зытегузэвыхьам ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури. Кхъэлэгъунэ, 377. [БырмамытӀ мэрым жриӀэу] Мухъутархэр къызэхуэсмэ, абы я унафэр тщӀынщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406.

Düzeltme Öner

мухъутар
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.