музыкэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пщыналъ/пшыналъэ, орэдышъу/ уэрэдыфэ, МУЗЫКЭ; MÜZİK, BESTE
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Искусствэм и лъэпкъыгъуэхэм щыщу пшынэ, бжьамий сыт хуэдэхэм кърагъэкӀ макъамэ.
румузыка
Музыкэ еуэн. Музыкэ едэӀуэн. Лъэпкъ музыкэ.
Kitapta geçtiği hali
музыкэ музыка / Искусствэм и лъэпкъыгъуэхэм щыщу пшынэ, бжьамий сыт хуэдэхэм кърагъэкӀ макъамэ. Музыкэ еуэн. Музыкэ едэӀуэн. Лъэпкъ музыкэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Пшынэ, накъырэ, абы хуэдэ Ӏэмэпсымэхэм кърагъэкӀ макъамэ.
Нурхьэлий иджыри зэ къыӀуихщ, хуищӀыжщ кассэри, музыкэ иригъауэри, ӀункӀыбзэӀухыр бэлътоку фӀей гуэрым кӀуэцӀишыхьри и жыпым ирилъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 216
+2 örnek
Бжьакъуэ кӀапэр хуэм дыдэу кӀуэ пэтми нэхъ лъагэ хъурти, Лу къызэрыфӀэщӀымкӀэ, нали накъырэ Ӏурылъу музыкэ еуэ хуэдэт, уэрэд дахэ гуэр къригъэкӀыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586
Музыкэм пичу, Назифэ лъагапӀэ тӀэкӀум къехри залым къыщыщӀыхьэм, зы пащӀэ цӀырхъ гуэр хъыджэбзым къыбгъэдэхутащ, и мурадыр белджылыуэ.— Лэчымэ, 397
Kitapta geçtiği hali
МУЗЫКЭ (52). Пшынэ, накъырэ, абы хуэдэ Ӏэмэпсымэхэм кърагъэкӀ макъамэ. Нурхьэлий иджыри зэ къыӀуихщ, хуищӀыжщ кассэри, музыкэ иригъауэри, ӀункӀыбзэӀухыр бэлътоку фӀей гуэрым кӀуэцӀишыхьри и жыпым ирилъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. Бжьакъуэ кӀапэр хуэм дыдэу кӀуэ пэтми нэхъ лъагэ хъурти, Лу къызэрыфӀэщӀымкӀэ, нали накъырэ Ӏурылъу музыкэ еуэ хуэдэт, уэрэд дахэ гуэр къригъэкӀыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. Музыкэм пичу, Назифэ лъагапӀэ тӀэкӀум къехри залым къыщыщӀыхьэм, зы пащӀэ цӀырхъ гуэр хъыджэбзым къыбгъэдэхутащ, и мурадыр белджылыуэ. Лэчымэ, 397.