мет

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЩӀыӀу. Дыщэ мет идэн.

рупуговица

Kitapta geçtiği hali

мет пуговица / ЩӀыӀу. Дыщэ мет идэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЩӀыӀу.

[Къазджэрий] ЦӀыху зэхэт къомым къыпхырыкӀырт и занщӀэр и гъуэгуу, езыри къекӀуу хуэпауэ: цей хужь, хъурыфэ пыӀэ лъагэ, дыщэм щӀигъэна къамэ, бгырыпх, кӀэрахъуэпс, мет зытет кӀэрахъуалъэм зи дыжьын дакъэр хужьу къищ кӀэрахъуэ, сэшхуэ фӀыцӀэ – арат Къазджэрий Ӏэщэ-фащэу кӀэрылъыр, абы ищӀыӀужкӀэ «пенснекӀэ» зэджэ нэгъуджэр Ӏулъщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 319

+2 örnek

А сэ слъагъур зи лъагагъым Укъехуэхмэ, зэфӀэкӀащ, А жилетым тет зы мети Умыгъуэту упыкӀащ.— Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51

[Мариам] Кофтэ тхьэмбылыфэмит мет цӀыкӀу закъуэр къытелъэту пщампӀэ тӀэкӀур, и бгъэр къыщӀигъэщу ирикъуэкӀыу, фадэмэ гуэри, дыхумэм нэмыщӀ, къыщысщӀихьэм, къэсщӀащ ар ныжэбэ здэщыӀар [Назифэ].— Лэчымэ, 394

2. Зыгуэр ирищӀэбгъанэу, ирибгъэункӀыфӀу теппӀытӀэ пкъыгъуэ.

Мет тепкъузэм нэху къыщӀонэ, А ди клубу дыздыӀутым Доплъыр дэри ар дгъэщӀагъуэу, Щытщ Аслъэни Ӏэр иӀэту.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32

3. «Батырыбжьэ» сборникым хэт сатыр ирийхэм ящыщ зым ущрохьэлӀэ «Зи мет зыхъуэжым» жиӀэу, дунейм щӀытетым и мыхьэнэр зыщыгъупщэ къикӀыу. Зи мет зыхъуэжым. «Батырыбжьэ», 152.

Kitapta geçtiği hali

МЕТ (7). 1. (5). ЩӀыӀу. [Къазджэрий] ЦӀыху зэхэт къомым къыпхырыкӀырт и занщӀэр и гъуэгуу, езыри къекӀуу хуэпауэ: цей хужь, хъурыфэ пыӀэ лъагэ, дыщэм щӀигъэна къамэ, бгырыпх, кӀэрахъуэпс, мет зытет кӀэрахъуалъэм зи дыжьын дакъэр хужьу къищ кӀэрахъуэ, сэшхуэ фӀыцӀэ – арат Къазджэрий Ӏэщэ-фащэу кӀэрылъыр, абы ищӀыӀужкӀэ «пенснекӀэ» зэджэ нэгъуджэр Ӏулъщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 319. А сэ слъагъур зи лъагагъым Укъехуэхмэ, зэфӀэкӀащ, А жилетым тет зы мети Умыгъуэту упыкӀащ. Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51. [Мариам] Кофтэ тхьэмбылыфэмит мет цӀыкӀу закъуэр къытелъэту пщампӀэ тӀэкӀур, и бгъэр къыщӀигъэщу ирикъуэкӀыу, фадэмэ гуэри, дыхумэм нэмыщӀ, къыщысщӀихьэм, къэсщӀащ ар ныжэбэ здэщыӀар [Назифэ]. Лэчымэ, 394. 2. (1). Зыгуэр ирищӀэбгъанэу, ирибгъэункӀыфӀу теппӀытӀэ пкъыгъуэ. Мет тепкъузэм нэху къыщӀонэ, А ди клубу дыздыӀутым Доплъыр дэри ар дгъэщӀагъуэу, Щытщ Аслъэни Ӏэр иӀэту. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32. 3. (1). «Батырыбжьэ» сборникым хэт сатыр ирийхэм ящыщ зым ущрохьэлӀэ «Зи мет зыхъуэжым» жиӀэу, дунейм щӀытетым и мыхьэнэр зыщыгъупщэ къикӀыу. Зи мет зыхъуэжым. «Батырыбжьэ», 152.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çapraz düğme eyer aksesuarları

Düzeltme Öner

мет
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.