мащӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
макӀэ(у)/мащӀэ(уэ), мэкӀагъо(у)/ мащӀэгъуэ(уэ), мэкӀэшӀэу/мащӀэкӀыуэ, анахь макӀэу, я нэхъ мащӀэуэ, мэкӀаштэ(эу)/ мащӀэщтэ(уэ); ASGARİ
макӀэ/мащӀэ, (Абз. МЭКӀ/МИКӀ); AZ
мащӀэ/макӀэ, (Абз. МЭКӀ/МИКӀ); AZ
КЪЭГЪЭГЪУНА(гъ), КЪЭУХЬА(гъ)/ къэхухьа, къэшӀыхьагъ/къэщӀыхьа, макӀэ/мащӀэ, чэнджы/чэнж, кӀако, кӀэкӀы/кӀэщӀ; SINIRLI (çevrili, kıt, dar, az, sığ, kısa)
макӀэ/мащӀэ → КЪЭГЪЭГЪУНА(гъ); SINIRLI (kıt, az)
мащӀэ/макӀэ → КЪЭГЪЭГЪУНА(гъ); SINIRLI (kıt, az)
мащӀэ(уэ) → макӀэ(у); ASGARİ (az olarak)
Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: къэгъэгъунагъ, макӀэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ТӀэкӀу.
румалый, незначительный,
Къару мащӀэ. Зэман мащӀэ.
+2 örnek
Уэшх щабэ щӀэту жьы мащӀэ къепщэрт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Хышхуэр шынакъкӀэ мащӀэ пхуэщӀынкъым.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (2)
мащӀэ и куэда
руМащӀэ зи куэдаи см. мащӀи-куэда. МащӀэ щӀакъым давным давно, не мало воды утекло.
Бэрэзджхэрэ Бэлэтокъуэхэрэ я зэбииныгъэр къызэрежьэрэ мащӀэ щӀакъым.— Шортэн Аскэрбий
Еплъ: мащӀи-куэда. мащӀэ зи куэдаи, мащӀи-куэда. мащӀэ щӀакъым
мащӀэ тӀэкӀу
ТӀэкӀу дыдэ.
руочень незначительный, ничтожный
Kitapta geçtiği hali
мащӀэ малый, незначительный, / ТӀэкӀу. Къару мащӀэ. Зэман мащӀэ. * Уэшх щабэ щӀэту жьы мащӀэ къепщэрт. Къ. Хь. Хышхуэр шынакъкӀэ мащӀэ пхуэщӀынкъым. (погов.) МащӀэ и куэда см. мащӀи-куэда. МащӀэ зи куэдаи см. мащӀи-куэда. МащӀэ щӀакъым давным давно, не мало воды утекло. * Бэрэзджхэрэ Бэлэтокъуэхэрэ я зэбииныгъэр къызэрежьэрэ мащӀэ щӀакъым. Ш. А. мащӀэ тӀэкӀу очень незначительный, ничтожный / ТӀэкӀу дыдэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ТӀэкӀу, куэд мыхъу.
Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэхдакъым гъащӀэ мащӀэ.— Лэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61
+2 örnek
Америкэм кӀуауэ хъарзынэу щыпсэу Ӏэджи щыӀэщ, гъэ къэси океаным икӀыжурэ Къунейтрэ къалэм и Ӏэшэлъашэм къиӀэпхъукӀам ящыщу къэнэжар мащӀэ хъужащ, итӀани Мариам и псэм идэртэкъым мы щӀыналъэм икӀыну, ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну нобэми мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур.— Лэчымэ, 390
Адыгэми тхылъ сыт яӀэу щымытами, куэд къагъуэгурыӀуащ, Ӏэджэми гу лъатащ, уз, уӀэгъэ гъэхъужынкӀи зыщыгъуазэу, зыхащӀыкӀыу щытар мащӀэкъым, урикъуни цӀыхур фэрэкӀ мыхъун щхьэкӀэ яхузэфӀэкӀыу щытащ: сабий фэрэкӀ хъуам бгъэдэгъуалъхьэрт лажьэ зимыӀэ сабийри, фэрэкӀыр мащӀэ тӀэкӀуу кърагъэуалӀэрти, езыр-езыру хъужырт, иммунитет игъуэтырти, псэуху фэрэкӀ хъужыртэкъым.— Лъапсэ, 29
2. ЩӀэупщӀэныгъэ мыхьэнэ зиӀэ псалъэухам
куэд мыхьэнэр иӀэу къыщокӀуэ. [Астемыр Елдар жриӀэу:] Къэпхъэн мащӀэ бгъэувын хуей уэ, дыгъужь псори къэбубыдын щхьэкӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
+2 örnek
[Шурэ жиӀэу:] Ауэ си зышкӀэ сымаджэ хъури сэ гугъу мащӀэ сригъэхьа?— Алъхъо, 75
Дэфэрэдж а махуэм щыщӀэдзауэ хьэгъуэлӀыгъуэм зыхуигъэхьэзырын щӀедзэ, абы езым мащӀэ пылъ?— Лъапсэ, 114
Deyimler (5)
мащӀэ и куэда
Зы цӀыкӀуи, зыкӀи, зыуи.
Локотош бэлэрыгъыркъым, цӀыхур хабзэ гуэр яхэлъу, хьэрийкурий къэмыхъуу тегъэувэн хуейщ, партизану адэкӀэ-мыдэкӀэ къуршым исыр сакъыу, нэмыцэм мащӀэ и куэда хуэмыбэлэрыгъыу щхьэж и пӀэ исын хуейщ.— Нал къута, 298
мащӀи куэда
Нахъуэ мащӀи куэда къэтэмакъкӀэщӀыркъым: - Алыхьым сэ къысхуигъэгъунымрэ къысхуимыгъэгъунырэкӀэ уэ уэ къоупщӀынукъым. КъыбгурыӀуа?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512
Еплъ: мащӀэ и куэда
мащӀэ щӀа
Куэд дэкӀащ, зэман кӀуащ абы лъандэрэ мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп.
Арт си гугъэр сэ нэхъапэм, Абы лъандэ мащӀэ щӀа, Нобэ Ӏугъуэр тетщ бгы къуапэм – Сыт ди къуршым къащыщӀар?— Бгыщхьэ Ӏугъуэ. «Мывэ хуабэ», 26
+2 örnek
ЛӀих экзамен зытар мащӀэ щӀа щхьэж и Ӏуэху иужь зэрихьэжрэ, Чачэ, къаргъеипэ хъужауэ, щысщ, и жьэ пхъэбгъур щӀигъэхуауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504
[Фэуаз:] Абы лъандэрэ мащӀэ щӀа, иджы зи ныбэ иуэжа шы пцӀэгъуэплъым соплъри щӀымахуэр къихьэмэ, уэншэку шэщым хущӀэтлъхьэу тӀыгъа шыбзыр арауэ пщӀэжынкъым.— Анка, 382
мащӀэ щӀакъым
Зэманышхуэ кӀуащ, куэд щӀащ.
Зауэр зэрыдухрэ мащӀэ щӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Езы Аннэ Павловнэ мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар.— Лъапсэ, 11
[Дэфэрэдж:] ЛэтӀифэ си бий зэрыхъурэ мащӀи щӀакъым, диссертацэ щыстха лъэхъэнэм къыщыщӀедзэ, абы лъандэ куэд дэкӀами, нобэ къэс гужьгъэжь и гум къысхуилъщ, и нэм бжэгъуу сыкъыщӀоуэ, иджыри щыгъупщэжакъым си диссертацэм тета эпиграфыр: «ЦӀыхубзыр къэралым и лъапсэщ, цӀыхубзыр фӀы хуэзэмэ, къэралыри фӀы хуэзащ, цӀыхубзыр дэхуэхмэ, къэралри дэхуэхащ», жиӀэу.— Лъапсэ, 15
мащӀэ тӀэкӀу
Куэд мыхъу, тӀэкӀунитӀэ.
Е гъужрэ зи псыр мащӀэ тӀэкӀур – Толъкъун нэхъ уэрыр и лъэгущӀэтщ.— ЗэкӀэщӀэуэ. «Щхьэлыкъуэ», 397
Kitapta geçtiği hali
МАЩӀЭ (274). 1. (234). ТӀэкӀу, куэд мыхъу. Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэхдакъым гъащӀэ мащӀэ. Лэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61. Америкэм кӀуауэ хъарзынэу щыпсэу Ӏэджи щыӀэщ, гъэ къэси океаным икӀыжурэ Къунейтрэ къалэм и Ӏэшэлъашэм къиӀэпхъукӀам ящыщу къэнэжар мащӀэ хъужащ, итӀани Мариам и псэм идэртэкъым мы щӀыналъэм икӀыну, ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну нобэми мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур. Лэчымэ, 390. Адыгэми тхылъ сыт яӀэу щымытами, куэд къагъуэгурыӀуащ, Ӏэджэми гу лъатащ, уз, уӀэгъэ гъэхъужынкӀи зыщыгъуазэу, зыхащӀыкӀыу щытар мащӀэкъым, урикъуни цӀыхур фэрэкӀ мыхъун щхьэкӀэ яхузэфӀэкӀыу щытащ: сабий фэрэкӀ хъуам бгъэдэгъуалъхьэрт лажьэ зимыӀэ сабийри, фэрэкӀыр мащӀэ тӀэкӀуу кърагъэуалӀэрти, езыр-езыру хъужырт, иммунитет игъуэтырти, псэуху фэрэкӀ хъужыртэкъым. Лъапсэ, 29. 2. (40). ЩӀэупщӀэныгъэ мыхьэнэ зиӀэ псалъэухам куэд мыхьэнэр иӀэу къыщокӀуэ. [Астемыр Елдар жриӀэу:] Къэпхъэн мащӀэ бгъэувын хуей уэ, дыгъужь псори къэбубыдын щхьэкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. [Шурэ жиӀэу:] Ауэ си зышкӀэ сымаджэ хъури сэ гугъу мащӀэ сригъэхьа? Алъхъо, 75. Дэфэрэдж а махуэм щыщӀэдзауэ хьэгъуэлӀыгъуэм зыхуигъэхьэзырын щӀедзэ, абы езым мащӀэ пылъ? Лъапсэ, 114. ◊ МащӀэ и куэда (1). Зы цӀыкӀуи, зыкӀи, зыуи. Локотош бэлэрыгъыркъым, цӀыхур хабзэ гуэр яхэлъу, хьэрийкурий къэмыхъуу тегъэувэн хуейщ, партизану адэкӀэ-мыдэкӀэ къуршым исыр сакъыу, нэмыцэм мащӀэ и куэда хуэмыбэлэрыгъыу щхьэж и пӀэ исын хуейщ. Нал къута, 298. МащӀи куэда (1). Еплъ мащӀэ и куэда. Нахъуэ мащӀи куэда къэтэмакъкӀэщӀыркъым: - Алыхьым сэ къысхуигъэгъунымрэ къысхуимыгъэгъунырэкӀэ уэ уэ къоупщӀынукъым. КъыбгурыӀуа? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512. МащӀэ щӀа (15). Куэд дэкӀащ, зэман кӀуащ абы лъандэрэ мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп. Арт си гугъэр сэ нэхъапэм, Абы лъандэ мащӀэ щӀа, Нобэ Ӏугъуэр тетщ бгы къуапэм – Сыт ди къуршым къащыщӀар? Бгыщхьэ Ӏугъуэ. «Мывэ хуабэ», 26. ЛӀих экзамен зытар мащӀэ щӀа щхьэж и Ӏуэху иужь зэрихьэжрэ, Чачэ, къаргъеипэ хъужауэ, щысщ, и жьэ пхъэбгъур щӀигъэхуауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504. [Фэуаз:] Абы лъандэрэ мащӀэ щӀа, иджы зи ныбэ иуэжа шы пцӀэгъуэплъым соплъри щӀымахуэр къихьэмэ, уэншэку шэщым хущӀэтлъхьэу тӀыгъа шыбзыр арауэ пщӀэжынкъым. Анка, 382. МащӀэ щӀакъым (8). Зэманышхуэ кӀуащ, куэд щӀащ. Зауэр зэрыдухрэ мащӀэ щӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. [Дэфэрэдж:] Езы Аннэ Павловнэ мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар. Лъапсэ, 11. [Дэфэрэдж:] ЛэтӀифэ си бий зэрыхъурэ мащӀи щӀакъым, диссертацэ щыстха лъэхъэнэм къыщыщӀедзэ, абы лъандэ куэд дэкӀами, нобэ къэс гужьгъэжь и гум къысхуилъщ, и нэм бжэгъуу сыкъыщӀоуэ, иджыри щыгъупщэжакъым си диссертацэм тета эпиграфыр: «ЦӀыхубзыр къэралым и лъапсэщ, цӀыхубзыр фӀы хуэзэмэ, къэралыри фӀы хуэзащ, цӀыхубзыр дэхуэхмэ, къэралри дэхуэхащ», жиӀэу. Лъапсэ, 15. МащӀэ тӀэкӀу (1). Куэд мыхъу, тӀэкӀунитӀэ. Е гъужрэ зи псыр мащӀэ тӀэкӀур – Толъкъун нэхъ уэрыр и лъэгущӀэтщ. ЗэкӀэщӀэуэ. «Щхьэлыкъуэ», 397.