машинэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Лэжьыгъэ гуэр зыгъэзащӀэ механизм.

румашина (механизм)

Зэрыдэ машинэ. ЗэрыжьыщӀэ машинэ. ШэщӀэху машинэ.

2. Автомобиль, автомашинэ.

румашина, автомобиль

Хьэлъэзешэ машинэ.

+2 örnek

Абы хэту машинэр къыӀулъэдащ, цӀыху щысхэм нэхур къатридзэу.— Щомахуэ Амырхъан

Инал екӀи-фӀыкӀи псалъэ жимыӀэу машинэм итӀысхьэжащ.— КӀыщокъуэ Алим

Kitapta geçtiği hali

машинэ 1. машина (механизм) / Лэжьыгъэ гуэр зыгъэзащӀэ механизм. Зэрыдэ машинэ. ЗэрыжьыщӀэ машинэ. ШэщӀэху машинэ. 2. машина, автомобиль / Автомобиль, автомашинэ. Хьэлъэзешэ машинэ. * Абы хэту машинэр къыӀулъэдащ, цӀыху щысхэм нэхур къатридзэу. Щ. Ам. Инал екӀи-фӀыкӀи псалъэ жимыӀэу машинэм итӀысхьэжащ. КӀ. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. МоторкӀэ зекӀуэ, цӀыху, хьэлъэ зезышэ автомобиль.

ПсыӀэрышэм бгъурыт защӀэу Жыг хадэшхуэр пхъэщхьэмыщхьэм ЩӀигъэнакъэ пщӀащэр мащӀэу, Мес, машинэм зы щӀэмыхьэу Мажэ, мажэ къэмыувыӀэу, Жьыбгъэ щӀихур щӀыӀэтыӀэу.— Тисей, 481

+2 örnek

Алий дигъэӀущат дымышынэу хьэщӀэр ди псэукӀэеджэкӀэм щыгъуазэ тщӀыну, жетӀэнухэри хъарзынэу къыджиӀат, арщхьэкӀэ хъуакъым: шоферым машинэр хузыщӀэмыгъэнэжу хъури къыдэлъэӀуащ, школым пэмыжыжьэ джабэ тӀэкӀум машинэр ӀэкӀэ дэтшрэ езыр къыщежэхыжкӀэ зэщӀигъэнэн и хьисэпу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

Нэху зэрыщу цӀыхум заудыгъуу уэрамым къыдыхьэмэ, грузовик къому ищхьэмкӀэ дэкӀуеяхэр къохыж, машинэхэм цӀыкӀуи ини ихуэр ису, сабийм, цӀыхубзым, сымаджэм упщӀэжь ятепхъуауэ, я гупхэм фоч зыӀыгъ сэлэтхэр тесу, машинэм и ужьым къаруи псэруи къыхуэмынэжауэ мэлыхъуэхьэ джэламэ, абы къыкӀэлъыкӀуэ машинэм ипӀытӀын хьэзыру.— Лъапсэ, 85

2. Лэжьыгъэ пыухыкӀа зыгъэзащӀэ механизм.

[Степан Ильич] Унэ къищэхуам нэхъ пэшышхуэр мастерской ищӀащ, унэ блынхэм адэкӀэ-мыдэкӀэ Ӏэмэпсымэ гуэрхэр фӀэлъу, машинэ зэмылӀэужьыгъуэ гуэрхэри щӀэту.— Хъуэпсэгъуэ нур, 202

+2 örnek

«Эмкэ» машинэм и щхьэм фикус жыг зэрыт чей тегъэувауэ тетт.— Нал къута, 216

Бахъсэныпсым тет щхьэлыжьым зы динамэ машинэ щӀагъэувауэ арат электричествэр къыдэзытри, щхьэлыр къутэрэ къэувыӀэмэ, ди унэр пщыхьэщхьэкӀэ кӀыфӀт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

Kitapta geçtiği hali

МАШИНЭ (227). 1. (222). МоторкӀэ зекӀуэ, цӀыху, хьэлъэ зезышэ автомобиль. ПсыӀэрышэм бгъурыт защӀэу Жыг хадэшхуэр пхъэщхьэмыщхьэм ЩӀигъэнакъэ пщӀащэр мащӀэу, Мес, машинэм зы щӀэмыхьэу Мажэ, мажэ къэмыувыӀэу, Жьыбгъэ щӀихур щӀыӀэтыӀэу. «Тисей», 481. Алий дигъэӀущат дымышынэу хьэщӀэр ди псэукӀэеджэкӀэм щыгъуазэ тщӀыну, жетӀэнухэри хъарзынэу къыджиӀат, арщхьэкӀэ хъуакъым: шоферым машинэр хузыщӀэмыгъэнэжу хъури къыдэлъэӀуащ, школым пэмыжыжьэ джабэ тӀэкӀум машинэр ӀэкӀэ дэтшрэ езыр къыщежэхыжкӀэ зэщӀигъэнэн и хьисэпу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. Нэху зэрыщу цӀыхум заудыгъуу уэрамым къыдыхьэмэ, грузовик къому ищхьэмкӀэ дэкӀуеяхэр къохыж, машинэхэм цӀыкӀуи ини ихуэр ису, сабийм, цӀыхубзым, сымаджэм упщӀэжь ятепхъуауэ, я гупхэм фоч зыӀыгъ сэлэтхэр тесу, машинэм и ужьым къаруи псэруи къыхуэмынэжауэ мэлыхъуэхьэ джэламэ, абы къыкӀэлъыкӀуэ машинэм ипӀытӀын хьэзыру. Лъапсэ, 85. 2. (5). Лэжьыгъэ пыухыкӀа зыгъэзащӀэ механизм. [Степан Ильич] Унэ къищэхуам нэхъ пэшышхуэр мастерской ищӀащ, унэ блынхэм адэкӀэ-мыдэкӀэ Ӏэмэпсымэ гуэрхэр фӀэлъу, машинэ зэмылӀэужьыгъуэ гуэрхэри щӀэту. Хъуэпсэгъуэ нур, 202. «Эмкэ» машинэм и щхьэм фикус жыг зэрыт чей тегъэувауэ тетт. Нал къута, 216. Бахъсэныпсым тет щхьэлыжьым зы динамэ машинэ щӀагъэувауэ арат электричествэр къыдэзытри, щхьэлыр къутэрэ къэувыӀэмэ, ди унэр пщыхьэщхьэкӀэ кӀыфӀт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523.

Düzeltme Öner

машинэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.