мардэншэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Гъунэншэ, щапхъэншэу.
рубеспредельно
Псы абрагъуэ щхьэзыфӀэфӀыр езыр зэрыхуейм хуэдэу йоукӀуриех, и псыӀур мардэншэу ехъуэж.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
мардэншэу нареч. беспредельно / Гъунэншэ, щапхъэншэу. * Псы абрагъуэ щхьэзыфӀэфӀыр езыр зэрыхуейм хуэдэу йоукӀуриех, и псыӀур мардэншэу ехъуэж. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гъунэншэу, нэзыншэу.
И узыншагъэр ди хъуэпсу, Дигъасэу фӀыгъуэм дыхуишэу, Мычэму дыгъэу къытхуепсу, Насыпыр къиту мардэншэу Вождышхуэр ди япэ итыну, Абы къытхуищӀу унафэр, ЩытхъукӀэ дгъэзащӀэу щытыну Къизмынэу зыри сэ софэр.— ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120
+2 örnek
Унэ хужь куэдхэр сатыру ЩхъуэнтӀагъэ Ӏувым щӀеуфэр, Школыр нэхъ лъагэу яхэту Мардэншэу теплъэр мэбжьыфӀэр.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42
Адэ сурэтыр къегъуэтри Ирегъэлъагъур и гъусэм, Ар насыпыфӀэщ мардэншэу.— Адэ, 134
Kitapta geçtiği hali
МАРДЭНШЭУ (5). нареч. Гъунэншэу, нэзыншэу. И узыншагъэр ди хъуэпсу, Дигъасэу фӀыгъуэм дыхуишэу, Мычэму дыгъэу къытхуепсу, Насыпыр къиту мардэншэу Вождышхуэр ди япэ итыну, Абы къытхуищӀу унафэр, ЩытхъукӀэ дгъэзащӀэу щытыну Къизмынэу зыри сэ софэр. ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120. Унэ хужь куэдхэр сатыру ЩхъуэнтӀагъэ Ӏувым щӀеуфэр, Школыр нэхъ лъагэу яхэту Мардэншэу теплъэр мэбжьыфӀэр. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42. Адэ сурэтыр къегъуэтри Ирегъэлъагъур и гъусэм, Ар насыпыфӀэщ мардэншэу. «Адэ», 134.