мамлюк
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
«Лъапсэ» романым къызэрыхэщымкӀэ, уасэ щӀату къащэхуа цӀыху. -63.
«Мамлюк» жиӀэмэ «къэщэхуа» жиӀэу аращ, щӀалэу къащэхум я нэхъыбэр дзэм хагъэхьэри, къэралыгъуэр яхъумэу, жьы хъухукӀэ хэтщ, хъыджэбз цӀыкӀухэри ящэри унэӀуту зыщэхум деж Ӏутщ.— Лъапсэ, 58
+2 örnek
Афэ джанэр зейр, иужькӀэ уӀэбэмэ, мамлюкӀэ зэджэу щыта гуэрщ, уеблэмэ мамлюкыпщу цӀэрӀуэт, и цӀэр Бейбарст, дзэшхуэ зэхуишэсауэ щытыгъащ, езыр лӀыгъэ зыхэлът.— Лъапсэ, 100
Къетау къэрэлыгъуэ Ӏэджэми щыӀащ, цӀыхум я пӀалъэ ещӀэ, мызэ-мытӀэу Трапезунт, Самсун, Синоп, Хьэлэб, Мысыр хъыджэбз цӀыкӀу ищэну куэдрэ кӀуащ, а здэкӀуахэм, тхьэм ещӀэ, нэ узыр щигъуэтар – и нитӀыр ноби мэуз, дахэ-дахэуи илъагъужыркъым, нэкӀэпсыжэ хьэлэчщ, и къуэрылъхуу щӀыкӀэ зыхуэгузэвауэ щытари лӀыубыдым яубыдри Мысыр щащауэ мамлюкыдзэм хэту жаӀэ щхьэкӀэ, и нэм игъакӀуэркъым.— Лъапсэ, 62
Kitapta geçtiği hali
МАМЛЮК (8). «Лъапсэ» романым къызэрыхэщымкӀэ, уасэ щӀату къащэхуа цӀыху. «Мамлюк» жиӀэмэ «къэщэхуа» жиӀэу аращ, щӀалэу къащэхум я нэхъыбэр дзэм хагъэхьэри, къэралыгъуэр яхъумэу, жьы хъухукӀэ хэтщ, хъыджэбз цӀыкӀухэри ящэри унэӀуту зыщэхум деж Ӏутщ. Лъапсэ, 58. Афэ джанэр зейр, иужькӀэ уӀэбэмэ, мамлюкӀэ зэджэу щыта гуэрщ, уеблэмэ мамлюкыпщу цӀэрӀуэт, и цӀэр Бейбарст, дзэшхуэ зэхуишэсауэ щытыгъащ, езыр лӀыгъэ зыхэлът. Лъапсэ, 100. Къетау къэрэлыгъуэ Ӏэджэми щыӀащ, цӀыхум я пӀалъэ ещӀэ, мызэ-мытӀэу Трапезунт, Самсун, Синоп, Хьэлэб, Мысыр хъыджэбз цӀыкӀу ищэну куэдрэ кӀуащ, а здэкӀуахэм, тхьэм ещӀэ, нэ узыр щигъуэтар – и нитӀыр ноби мэуз, дахэ-дахэуи илъагъужыркъым, нэкӀэпсыжэ хьэлэчщ, и къуэрылъхуу щӀыкӀэ зыхуэгузэвауэ щытари лӀыубыдым яубыдри Мысыр щащауэ мамлюкыдзэм хэту жаӀэ щхьэкӀэ, и нэм игъакӀуэркъым. Лъапсэ, 62-63.