лэжьэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЭЖЬЭН; (лэжьагъэ/лэжьащ: çalıştı/çalışmış; МЭЛАЖЬЭ: çalışıyor); (лэжьагъэр/лэжьар: geçmışte çalışmış/işlemış olan; лажьэрэр/ лажьэр: çalışmakta olan/işleyen); (Лажьэрэр мэлажьэ, мылажьэрэр мэулъыи.: çalışan çalışır/yıpranır/eskir, çalışmayan küflenir: Лажьэр мэлажьэри мылажьэр мэулъий; Лажьэрэм лыжъэ ешхы, мылажьэрэм лажьэ егъоты.: çalışan kebap yer, çalışmayan dert bulur.: Лажьэм лыжьэ ешхри мылажьэм лажьэ егъуэтыр); Ӏоф шӀэн (Ӏоф ешӀэ), Ӏуэху щӀэн (Ӏуэху ещӀэ); ÇALIŞMAK
зэщыкъон/зэщыкъуэн (зэщэкъо/ зэщокъуэ), ЛЭЖЬЭН (МЭЛАЖЬЭ), жъын/жьын (мэжъы/мэжь), жъы/жьы ХЪУН (~ МЭХЪУ); DEFORMASYON(a uğramak)
ЛЭЖЬЭН (МЭЛАЖЬЭ); жъын (мэжъы); жъы/жьы ХЪУН (~ МЭХЪУ); ESKİMEK
ЛЭЖЬЭН (МЭЛАЖЬЭ); зекӀон/ зекӀуэн (зекӀо/зокӀуэ); ӀофшӀэн/ Ӏуэху щӀэн (~ ешӀэ/ ~ещӀэ), ДЕЯТЕЛЬНОСТЬ, АКТИВНОСТЬ; FAALİYET YAPMAK
ЛЭЖЬЭН → зэщыкъо(н); DEFORMASYON(a uğramak, yıpranmak, eskimek)
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зэщыкъон
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэлажьэ)
ГуащӀэдэкӀыр, къарур къэбгъэсэбэпкӀэрэ Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀэн, зэфӀэгъэкӀын, Ӏуэху зехьэн.
руработать
Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылъажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ.— Псалъэжьхэр
(мэлажьэ)
Махэ хъун, къэбгъэсэбэп мыхъужу зэӀытхъын.
руизноситься
Джанэр лэжьэн.
+1 örnek
Си лъакъуэр щӀым тескъузэмэ си вакъитӀыр лэжьэну къысфӀэщӀырт.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
лэжьэн I (мэлажьэ) неперех. гл. работать / ГуащӀэдэкӀыр, къарур къэбгъэсэбэпкӀэрэ Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀэн, зэфӀэгъэкӀын, Ӏуэху зехьэн. * Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылъажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ. (погов.) II (мэлажьэ) неперех. гл. износиться / Махэ хъун, къэбгъэсэбэп мыхъужу зэӀытхъын. Джанэр лэжьэн. n Си лъакъуэр щӀым тескъузэмэ си вакъитӀыр лэжьэну къысфӀэщӀырт. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэлажьэ)
Къарурэ зэфӀэкӀрэ хэплъхьэурэ Ӏуэху пыухыкӀа гуэр гъэзэщӀэн.
Рахьим банкышхуэ гуэрым къулыкъуфӀ иӀэу щылажьэрт, и къулыкъур къигъэсэбэпурэ и къуэш нэхъыщӀэ Зураби кхъухь тедзапӀэм ӀэнатӀэ хъарзынэ къыщыхуигъуэтри Зураб кассиру игъэуват.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666
+2 örnek
Яков Борисович аптекару игъащӀэми мэлажьэ, къэзымыцӀыху къалэм дэмысу.— Нал къута, 220
[Дзэшурэ Жэнгулэзрэ] Зы щӀалэ ВалерэкӀэ еджэу яӀэщи щӀэныгъэлӀу къалэм дэсщ, кафедрэм тету, хъарзынэу мэлажьэ, зыхэтым пщӀэ къыхуащӀ, зэзэмызэ къуажэм къыдэлъэдэжмэ и адэ-анэр егъэгуфӀэ, псом хуэмыдэу я бын цӀыкӀуищыр къашэжмэ, дадэр нэгъуэщӀ гуфӀэгъуэ хуейкъым.— КӀапсэ кӀапэ, 6
(мэлажьэ)
Куэдрэ къызэрагъэсэбэпам къыхэкӀыу махэ, хъыбыий хъун, зэфӀэтхъын.
Мэсхьуди хъуэрыбзэ зыкъещӀ: - Пэжу, уи вакъэ щабитӀыр лэжьащи къургъакъым плъахагъэнщ, хьэмэ тутнакъэщым щыбгъэлэжьа?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646
+1 örnek
[Бэкъан:] - Пхъэ лъакъуэр мылажьэу уи вакъитӀыр лэжьэн, Ӏурарэ?— Къалэн, 426
(мэлажьэ)
Хьэпшып е Ӏэмэпсымэ гуэрым цӀыхум и сэбэпынагъ зыхэлъ, абы и Ӏуэху дэзыгъэпсынщӀэ лэжьыгъэ игъэзэщӀэн.
Псом япэ псы Ӏуфэм Ӏут хьэмэмыр лажьэу ежьащ.— Нал къута, 240
+2 örnek
Ауэрэ махуэ гуэрым радио, телефон жыхуэпӀэхэр мылэжьэжу пач, къэхъуари къэщӀари умыщӀэу.— МелыӀыч, 461
Зэхуашэсахэр зэбгрыкӀыжмэ – зым и телефон е радио лажьэркъым, уэрамым дэта уэздыгъэ къудейри блэжыркъым.— Лъапсэ, 85
Kitapta geçtiği hali
ЛЭЖЬЭН I (мэлажьэ) лъэмыӀ. (107). Къарурэ зэфӀэкӀрэ хэплъхьэурэ Ӏуэху пыухыкӀа гуэр гъэзэщӀэн. Рахьим банкышхуэ гуэрым къулыкъуфӀ иӀэу щылажьэрт, и къулыкъур къигъэсэбэпурэ и къуэш нэхъыщӀэ Зураби кхъухь тедзапӀэм ӀэнатӀэ хъарзынэ къыщыхуигъуэтри Зураб кассиру игъэуват. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Яков Борисович аптекару игъащӀэми мэлажьэ, къэзымыцӀыху къалэм дэмысу. Нал къута, 220. [Дзэшурэ Жэнгулэзрэ] Зы щӀалэ ВалерэкӀэ еджэу яӀэщи щӀэныгъэлӀу къалэм дэсщ, кафедрэм тету, хъарзынэу мэлажьэ, зыхэтым пщӀэ къыхуащӀ, зэзэмызэ къуажэм къыдэлъэдэжмэ и адэ-анэр егъэгуфӀэ, псом хуэмыдэу я бын цӀыкӀуищыр къашэжмэ, дадэр нэгъуэщӀ гуфӀэгъуэ хуейкъым. КӀапсэ кӀапэ, 6.
ЛЭЖЬЭН II (мэлажьэ) лъэмыӀ. (3). Куэдрэ къызэрагъэсэбэпам къыхэкӀыу махэ, хъыбыий хъун, зэфӀэтхъын. Мэсхьуди хъуэрыбзэ зыкъещӀ: - Пэжу, уи вакъэ щабитӀыр лэжьащи къургъакъым плъахагъэнщ, хьэмэ тутнакъэщым щыбгъэлэжьа? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. [Бэкъан:] - Пхъэ лъакъуэр мылажьэу уи вакъитӀыр лэжьэн, Ӏурарэ? Къалэн, 426.
ЛЭЖЬЭН III (мэлажьэ) лъэмыӀ. (7). Хьэпшып е Ӏэмэпсымэ гуэрым цӀыхум и сэбэпынагъ зыхэлъ, абы и Ӏуэху дэзыгъэпсынщӀэ лэжьыгъэ игъэзэщӀэн. Псом япэ псы Ӏуфэм Ӏут хьэмэмыр лажьэу ежьащ. Нал къута, 240. Ауэрэ махуэ гуэрым радио, телефон жыхуэпӀэхэр мылэжьэжу пач, къэхъуари къэщӀари умыщӀэу. МелыӀыч, 461. Зэхуашэсахэр зэбгрыкӀыжмэ – зым и телефон е радио лажьэркъым, уэрамым дэта уэздыгъэ къудейри блэжыркъым. Лъапсэ, 85.