лэгъупыкъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Лэгъуп (шыуан) зэрызэрахьэ убыдыпӀэ.
руручка медного котла
Лэгъупыкъур къихун.
Дыгъэ бзийр уэшх ткӀуэпсым щыпхридзкӀэ щхъуэкӀэплъыкӀэу фэ зэмылӀэужьыгъуэ зиӀэ кусэ зэбгъурытхэу уафэ джабэм зи кӀапитӀыр егъэзыха шабзэкъум ещхьу къыщыхъу нур. Лэгъупыкъу къищӀащ.
рурадуга
Kitapta geçtiği hali
лэгъупыкъу I ручка медного котла / Лэгъуп (шыуан) зэрызэрахьэ убыдыпӀэ. Лэгъупыкъур къихун. II радуга / Дыгъэ бзийр уэшх ткӀуэпсым щыпхридзкӀэ щхъуэкӀэплъыкӀэу фэ зэмылӀэужьыгъуэ зиӀэ кусэ зэбгъурытхэу уафэ джабэм зи кӀапитӀыр егъэзыха шабзэкъум ещхьу къыщыхъу нур. Лэгъупыкъу къищӀащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Лэгъупым и убыдыпӀэ, абы икъу.
Зы лэгъупыкъум и кӀапитӀыр Дэ тӀум тӀэщӀэлъу дыкъэхъуащ.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113
Уэшх нэужьым уафэ джабэм къихьэ фэ зэмылӀэужьыгъуэ зиӀэ щӀыуэпс къэхъукъащӀэ.
И дыщэ тажыр щхьэредзри Набдзэ къуаншитӀыр, и щхьэцыр КъыщыщӀигъэщкӀэ, хъыджэбзыр А махуэ бзыгъэм телъыджэу, Гъатхэпэ уэшхым къыдэхъуу Лэгъупыкъушхуэу щӀэращӀэт. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 426
+2 örnek
Дыгъэ нуру зэӀущауэ Лэгъупыкъуу ӀупщӀу бзыгъэу, Вазэ вождым къыратауэ, Ар хрусталым къыхахауэ, Лъэпкъыу щыӀэм я гуращэм, Я Ӏущыгъэм тепщӀыкӀауэ ЗэщӀолыдэ дыгъэ защӀэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 57
Шу къомыр зэрыӀыгъыу губгъуэм иту здэкӀуэм, мо къалэ гъунэм нэблэгъауэ сэшхуэм и пӀалъэр къэсакъэ жаӀэу зыщрачым, лэгъупыкъуищэ зэхэзэрыхьа хуэдэу огнемет къомым къариху мафӀэр лыгъэ зэдза мэз я пащхьэм къихутыкӀа хуэдэу дзэм къажьэхэуащ.— Лыгъэ, 411
Kitapta geçtiği hali
ЛЭГЪУПЫКЪУ I (1). Лэгъупым и убыдыпӀэ, абы икъу. Зы лэгъупыкъум и кӀапитӀыр Дэ тӀум тӀэщӀэлъу дыкъэхъуащ. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113.
ЛЭГЪУПЫКЪУ II (4). Уэшх нэужьым уафэ джабэм къихьэ фэ зэмылӀэужьыгъуэ зиӀэ щӀыуэпс къэхъукъащӀэ. И дыщэ тажыр щхьэредзри Набдзэ къуаншитӀыр, и щхьэцыр КъыщыщӀигъэщкӀэ, хъыджэбзыр А махуэ бзыгъэм телъыджэу, Гъатхэпэ уэшхым къыдэхъуу Лэгъупыкъушхуэу щӀэращӀэт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 426. Дыгъэ нуру зэӀущауэ Лэгъупыкъуу ӀупщӀу бзыгъэу, Вазэ вождым къыратауэ, Ар хрусталым къыхахауэ, Лъэпкъыу щыӀэм я гуращэм, Я Ӏущыгъэм тепщӀыкӀауэ ЗэщӀолыдэ дыгъэ защӀэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 57. Шу къомыр зэрыӀыгъыу губгъуэм иту здэкӀуэм, мо къалэ гъунэм нэблэгъауэ сэшхуэм и пӀалъэр къэсакъэ жаӀэу зыщрачым, лэгъупыкъуищэ зэхэзэрыхьа хуэдэу огнемет къомым къариху мафӀэр лыгъэ зэдза мэз я пащхьэм къихутыкӀа хуэдэу дзэм къажьэхэуащ. Лыгъэ, 411.