лыпщӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
МафӀэм псынщӀэу исын, ипхъуэтэн. МафӀэм ису ипхъуэтауэ щытын.
руа) (елыпщӀ) перех. гл. сжечь что-л. быстро
Лыгъэ ирадзам мылыф гъущэр илыпщӀат. б) (мэлыпщӀ) неперех. гл. подгорать на сильном огне
Kitapta geçtiği hali
лыпщӀын а) (елыпщӀ) перех. гл. сжечь что-л. быстро / МафӀэм псынщӀэу исын, ипхъуэтэн. Лыгъэ ирадзам мылыф гъущэр илыпщӀат. б) (мэлыпщӀ) неперех. гл. подгорать на сильном огне / МафӀэм ису ипхъуэтауэ щытын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(елыпщӀ)
МафӀэм зэхисыхьэн, игъэлыгъуэн. -70.
Хьэуазэ сахуэр зэӀищӀэурэ Нурхьэлий хьэжыгъэ къэп ныкъуэр хьэлэчу мафӀэм илыпщӀауэ къигъуэтыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 207
+2 örnek
Зауэр Россием и кум къыфӀэмыкӀа пэтрэ, и лыгъэм мыбы къыщыкӀ удзыр елыпщӀ.— Щынэхужьыкъуэ, 10
Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым жаншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу.— Лъапсэ, 69
Kitapta geçtiği hali
ЛЫПЩӀЫН (елыпщӀ) лъэӀ. (9). МафӀэм зэхисыхьэн, игъэлыгъуэн. Хьэуазэ сахуэр зэӀищӀэурэ Нурхьэлий хьэжыгъэ къэп ныкъуэр хьэлэчу мафӀэм илыпщӀауэ къигъуэтыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 207. Зауэр Россием и кум къыфӀэмыкӀа пэтрэ, и лыгъэм мыбы къыщыкӀ удзыр елыпщӀ. Щынэхужьыкъуэ, 10. Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым жаншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу. Лъапсэ, 69-70.