лыджанэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Бгъуэм и Ӏыхьэ плӀанэ мыупӀэ (куэ, зы дзажэм блатхьэ щӀыгъуу).
ручетвертая часть освежеванной туши
АтӀэ, лӀыжь, уэ лыджанэхэр быупӀэхукӀэ, сэ Вауэжьхэ сынэсынщ.— ЩакӀуэ Талъостэн
ЛъыкӀэ зэблагъэ, зэӀыхьлы.
рукровное родство
Абы Ӏыхьлырэ лыджанэу иӀэр и адэ сымаджэрщ, и Ӏыхьлы жыжьэхэр умыбжым.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
лыджанэ I четвертая часть освежеванной туши / Бгъуэм и Ӏыхьэ плӀанэ мыупӀэ (куэ, зы дзажэм блатхьэ щӀыгъуу). * АтӀэ, лӀыжь, уэ лыджанэхэр быупӀэхукӀэ, сэ Вауэжьхэ сынэсынщ. Щ. Т. II кровное родство / ЛъыкӀэ зэблагъэ, зэӀыхьлы. * Абы Ӏыхьлырэ лыджанэу иӀэр и адэ сымаджэрщ, и Ӏыхьлы жыжьэхэр умыбжым. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЛъыкӀэ зэблагъэ, Ӏыхьлы. -67.
Пщым адыгэ цӀыхубз напэр трихати, абы игъэулъия цӀыхубз къомым я Ӏыхьлы, я лыджанэ щыӀэм, я дэлъху яӀэхэр зэхэлъадэри къызэрыгъэгубжьащ: ди лъэпкъ напэ фи пщым трихауэ хуэдмыдэн, жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616
Kitapta geçtiği hali
ЛЫДЖАНЭ (1). ЛъыкӀэ зэблагъэ, Ӏыхьлы. Пщым адыгэ цӀыхубз напэр трихати, абы игъэулъия цӀыхубз къомым я Ӏыхьлы, я лыджанэ щыӀэм, я дэлъху яӀэхэр зэхэлъадэри къызэрыгъэгубжьащ: ди лъэпкъ напэ фи пщым трихауэ хуэдмыдэн, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616-67.