лъэтэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭЕН, ЛЪЭТЭН, тӀэрэн; FIRLAMAK (havaya ~)
ЛЪЭТЭН, ЛЪЭЕН, тӀэрэн; FIRLAMAK (yukarıya ~)
тӀэрэн, ЛЪЭТЭН, ЛЪЭЕН; FIRLAMAK (yukarıya ~)
быбын/лъэтэн (мэбыбы/мэлъатэ); HAVALANMAK (uçmak)
тамэ къыгокӀэн, дамэ къыгуэкӀэн (~ къыгокӀэ/~ къыгуокӀэ); быбын/ лъэтэн (мэбыбы/мэлъатэ); KANATLANMAK
ЛЪАТЭ, ПЦӀАТЭ, тэджэпс, лъэтэпс, лъэтэн; MAYA
ЛЪАТЭ ХЭЛЪХЬЭН (~ХЕЛЪХЬЭ); лъэтэн/лъэтэпс/тэджэпс ХЭЛЪХЬЭН/ХЭКӀЭН (~ХЕЛЪХЬЭ/~ХЕКӀЭ); ПЦӀАТЭ ХЭЛЪХЬЭН (~ХЕЛЪХЬЭ); MAYALAMAK (maya katmak)
лъэтэн/быбын; UÇMAK
быбын/лъэтэн → тамэ къыгокӀэн; KANATLANMAK
лъэтэн → быбын; HAVALANMAK (uçmak)
лъэтэн → ЛЪАТЭ; MAYA
лъэтэн/быбын → тамэ къыгокӀэн; KANATLANMAK
Bu sonuç kitaptaki 12 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: тамэ къыгокӀэн, быбын, лъатэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэлъатэ)
ЩӀым зытеӀэтыкӀауэ хьэуам хэту кӀуэн.
рулетать
Бгъэр лъагэу мэлъатэ.
+1 örnek
ЦӀыху ӀэрыщӀу ди ракетэр мазэм нэс мэлъатэ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
лъэтэн (мэлъатэ) неперех. гл. летать / ЩӀым зытеӀэтыкӀауэ хьэуам хэту кӀуэн. Бгъэр лъагэу мэлъатэ. * ЦӀыху ӀэрыщӀу ди ракетэр мазэм нэс мэлъатэ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэлъатэ)
1. ЩӀым зытеӀэтыкӀауэ хьэуам хэту кӀуэн (къуалэбзухэр).
Удз гъэгъахэр ӀэплӀэм изу Марфэ щӀалэр зэпеплъыхь, Бзухэр лъатэм тӀэкӀу кӀэзызу ЩтэӀэщтаблэу тӀэкӀу зеплъыхь. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153
+2 örnek
Джэлил бабыщыкъуэм пидзыжащ: - Укъру лъэпкъыу жыбоӀэ, сэри кърум сыкъримышатэмэ, кърум нэхърэ нэхъ лъагэу сылъэтэнт, уэ пхуэдэуи сыцыджынт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475
Къыдырыр пэху хъужауэ удзыпцӀэм къыхэнауэ къру къомыр гублащхьэдэсэ защӀауэ зэрылъатэм еплъащ, игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ.— Кхъухь пхэнж, 496
2. Зэрылъатэ (кхъухьлъатэ с. ху.) Ӏэмэпсымэ гуэрым ису уафэгукӀэ зекӀуэн.
ГуфӀэгъуэм псэкӀэ щӀэхъуэпсу И псалъэр мэуэ еухыр: «Тхьэм ещӀэ щӀалэр щылъатэр, Бгырыс бгъэ лъэщу и дамэр Укъуэдияуэ кхъухьлъатэм». «— Адэ, 131
+2 örnek
Сэри сощӀэ гъуэгу и пӀалъэ, Зэм сыкхъухьми, зэм солъатэ, НэгъуэщӀ щӀыпӀэ ещхь ди къуажэ Щыслъэгъуамэ, гур мэятэ.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ. «Вагъуэ махуэ», 372
Хъыбар гуэри зэхэсхакъэ Уэ уи лӀыкӀуэм къыщыщӀауэ Ар ди уэгум щэхуу иту Дэ ди летчикыр хуэзауэ Ист кхъухьлъатэм хамэ гуэрхэр, Ди уэгу щхъуантӀэм щызелъатэт, Ауэ кӀэщӀу а уи лӀыкӀуэм Къыхуитхуати дэ и лъатэр, Доллар ипхъыу ар къехуэхырт.— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 135
3. ПсынщӀэу, лъэтам хуэдэу кӀуэн.
Лъагъуэ закъуэу ар зытетым ТемыпыӀэу шыр мэлъатэ. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 422
+1 örnek
А иныжьыр зэрыжейуэ, Елбэздыкъуэ мыгужьейуэ, ТхьэӀухудыр мис къепхъуатэ, Шым къошэсри, ар къолъатэ. «— Елбэздыкъуэ, 17
4. Хъыбар, псалъэмакъ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым щызэхахын, абыхэм нэсын.
Зи гугъу сщӀа лӀыфӀым и хъыбарыр Дэтхэнэ псыхъуи мэлъэтэф.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 182
5. Ӏэщэ зэмылӀэужьыгъуэхэм илъ шэщ зи гугъу ищӀыр.
Фочыши шэкъым, мылъэтамэ.— Пасэрей хабзэ. «Вагъуэ махуэ», 362
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭТЭН (мэлъатэ) лъэмыӀ. (37). 1. (20). ЩӀым зытеӀэтыкӀауэ хьэуам хэту кӀуэн (къуалэбзухэр). Удз гъэгъахэр ӀэплӀэм изу Марфэ щӀалэр зэпеплъыхь, Бзухэр лъатэм тӀэкӀу кӀэзызу ЩтэӀэщтаблэу тӀэкӀу зеплъыхь. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. Джэлил бабыщыкъуэм пидзыжащ: - Укъру лъэпкъыу жыбоӀэ, сэри кърум сыкъримышатэмэ, кърум нэхърэ нэхъ лъагэу сылъэтэнт, уэ пхуэдэуи сыцыджынт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. Къыдырыр пэху хъужауэ удзыпцӀэм къыхэнауэ къру къомыр гублащхьэдэсэ защӀауэ зэрылъатэм еплъащ, игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ. Кхъухь пхэнж, 496. 2. (14). Зэрылъатэ (кхъухьлъатэ с. ху.) Ӏэмэпсымэ гуэрым ису уафэгукӀэ зекӀуэн. ГуфӀэгъуэм псэкӀэ щӀэхъуэпсу И псалъэр мэуэ еухыр: «Тхьэм ещӀэ щӀалэр щылъатэр, Бгырыс бгъэ лъэщу и дамэр Укъуэдияуэ кхъухьлъатэм». «Адэ», 131. Сэри сощӀэ гъуэгу и пӀалъэ, Зэм сыкхъухьми, зэм солъатэ, НэгъуэщӀ щӀыпӀэ ещхь ди къуажэ Щыслъэгъуамэ, гур мэятэ. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ. «Вагъуэ махуэ», 372. Хъыбар гуэри зэхэсхакъэ Уэ уи лӀыкӀуэм къыщыщӀауэ Ар ди уэгум щэхуу иту Дэ ди летчикыр хуэзауэ Ист кхъухьлъатэм хамэ гуэрхэр, Ди уэгу щхъуантӀэм щызелъатэт, Ауэ кӀэщӀу а уи лӀыкӀуэм Къыхуитхуати дэ и лъатэр, Доллар ипхъыу ар къехуэхырт. Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 135. 3. (2). зэхь. ПсынщӀэу, лъэтам хуэдэу кӀуэн. Лъагъуэ закъуэу ар зытетым ТемыпыӀэу шыр мэлъатэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 422. А иныжьыр зэрыжейуэ, Елбэздыкъуэ мыгужьейуэ, ТхьэӀухудыр мис къепхъуатэ, Шым къошэсри, ар къолъатэ. «Елбэздыкъуэ», 17. 4. (1). зэхь. Хъыбар, псалъэмакъ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым щызэхахын, абыхэм нэсын. Зи гугъу сщӀа лӀыфӀым и хъыбарыр Дэтхэнэ псыхъуи мэлъэтэф. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 182. 5. (1). Ӏэщэ зэмылӀэужьыгъуэхэм илъ шэщ зи гугъу ищӀыр. Фочыши шэкъым, мылъэтамэ. Пасэрей хабзэ. «Вагъуэ махуэ», 362.