лъэрызехьэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(лъэрызехьэщ)
1. ЛъэкӀыныгъэ иӀэу, зэфӀэгъэкӀ хэлъу, хыхьэхэкӀыу щытын.
Езым бынибл иӀэу фызабэу, джэдкъурт анэ жыхуэпӀэну и сабийм ящхьэщыту къулейсыз дыдэу псэу щхьэкӀэ, гущӀэгъушхуэ хэлът, езыр хуэныкъуэ пэтми, псапэ ищӀэмэ, фӀэфӀт, лъэрызехьэт, цӀыху мышынэт, жьакӀуэт [Гунэуэс].— ГущӀэгъу, 421
+1 örnek
Дзэшу зызыгъэнэхъыжьу къуажэм дэсым ящыщт, и ныбжьыр здынэсар тэмэм дыдэу имыщӀэми иджыри лъэрызехьэт, бэзэр сытхэр дэнэ къэна, нартыху къэп щхьэлым ешэфыр шыдыгум илъу, жыг хадэ хъарзынэ иӀэщи, езым фӀэкӀа зезыхьэ щыӀэкъым.— КӀапсэ кӀапэ, 6
2. Бэшэчу, къару хэлъу, емызэшу щытын.
Карабыхышым хуэдэу бэшэчт, лъэрызехьэт, тыркушым и фӀалъэм хуэдэу Щэулэхъу и фӀалъэри быдэт – мывэ къурш хуэзакӀэ къигъэзэнутэкъым.— Нал къута, 265
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭРЫЗЕХЬЭН (лъэрызехьэщ) лъэмыӀ. (4). 1. (3). ЛъэкӀыныгъэ иӀэу, зэфӀэгъэкӀ хэлъу, хыхьэхэкӀыу щытын. Езым бынибл иӀэу фызабэу, джэдкъурт анэ жыхуэпӀэну и сабийм ящхьэщыту къулейсыз дыдэу псэу щхьэкӀэ, гущӀэгъушхуэ хэлът, езыр хуэныкъуэ пэтми, псапэ ищӀэмэ, фӀэфӀт, лъэрызехьэт, цӀыху мышынэт, жьакӀуэт [Гунэуэс]. ГущӀэгъу, 421. Дзэшу зызыгъэнэхъыжьу къуажэм дэсым ящыщт, и ныбжьыр здынэсар тэмэм дыдэу имыщӀэми иджыри лъэрызехьэт, бэзэр сытхэр дэнэ къэна, нартыху къэп щхьэлым ешэфыр шыдыгум илъу, жыг хадэ хъарзынэ иӀэщи, езым фӀэкӀа зезыхьэ щыӀэкъым. КӀапсэ кӀапэ, 6. 2. (1). Бэшэчу, къару хэлъу, емызэшу щытын. Карабыхышым хуэдэу бэшэчт, лъэрызехьэт, тыркушым и фӀалъэм хуэдэу Щэулэхъу и фӀалъэри быдэт – мывэ къурш хуэзакӀэ къигъэзэнутэкъым. Нал къута, 265.