лъэпэд

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

çorap
Ortakлъэпэд
Kitapta geçtiği hali

ЛЪЭПЭД, (Абз. ЛЭПЭД/АКЬЫЛПАТ); ÇORAP

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Лъапщэм къэсу е лъэгуажьэр щӀигъанэу Ӏуданэ зэӀущахэм къыхэщӀыкӀауэ лъатӀагъэ.

ручулок, носок

Бабынэ щыст цы лъэпэд зэрихъэу.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн

Bu maddedeki ifadeler (2)

лъэпэд лъапцӀэ

Лъэпэд фӀэкӀа вакъэ зылъымыгъ.

рув одних чулках (без обуви)

Лъэпэд лъапцӀэ зыщӀын.

лъэпэд мастэ

Цы лъэпэдыр зэрызэрахъэ гъущӀ кӀапсэ кӀыхь цӀыкӀу.

руспицы для вязания носков

Лъэпэд мастэр хэужын.

Kitapta geçtiği hali

лъэпэд чулок, носок / Лъапщэм къэсу е лъэгуажьэр щӀигъанэу Ӏуданэ зэӀущахэм къыхэщӀыкӀауэ лъатӀагъэ. * Бабынэ щыст цы лъэпэд зэрихъэу. Къу. Хь. лъэпэд лъапцӀэ в одних чулках (без обуви) / Лъэпэд фӀэкӀа вакъэ зылъымыгъ. Лъэпэд лъапцӀэ зыщӀын. лъэпэд мастэ спицы для вязания носков / Цы лъэпэдыр зэрызэрахъэ гъущӀ кӀапсэ кӀыхь цӀыкӀу. Лъэпэд мастэр хэужын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Цым е Ӏуданэ зэӀущам къыхэщӀыкӀауэ лъакъуэм фӀалъхьэ (лъэгуажьэм нэсуи нэхъ кӀэщӀуи щыӀэщ). - 45.

Зыгуэрхэр къэпсэлъэнти, иӀэ маржэ, иджы дызыхуейр къызэхэфлъхьэ: щӀакӀуэ зиӀэм – щӀакӀуэ, мэлыфэ зиӀэм – мэлыфэ, къамэ, бгырыпх, уанэ, шхуэ, нахъутэ, хьэзыр, шырыкъу, лъэпэд, къамышы, лъэрыгъ, пыӀэ, сэшхуэ – зи сыт уиӀэми къэгъэтӀылъ.— Щынэхужьыкъуэ, 44

+2 örnek

КъалэкӀыхьым кӀуэр зы махуэм нэсмэ, етӀуанэрей махуэм къигъэзэж хабзэт, арщхьэкӀэ Алий зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: щӀымахуэщ, щӀалэр ӀэпцӀанэлъэпцӀанэщ, щӀэбзэ щӀэмылъу бэлъто кӀагуэ тӀэкӀур мыхьэнэншэщ, джэдыгу пщымыгъмэ, кепкэри хъунукъым, пыӀэфӀ пщхьэрымыгъмэ, бэтинкӀитӀри щӀымахуэ уаем вакъэ хъунукъым, лъэпэд хуабэ тӀуанэ щӀэмылъмэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531

ХъумакӀуэм ящыщ къыщӀыхьэмэ, бжэм и деж сыщысыххэщ, и лъакъуитӀым зыкӀэрызукӀэнщи, изудынщ, фэ фыжи, и Ӏи и лъакъуи фпхы, и жьэми лъэпэдыжь гуэр жьэдэфкуи, си ужьым фиту псым зыныхэвдзэ.— Лъапсэ, 41

Kitapta geçtiği hali

ЛЪЭПЭД (5). Цым е Ӏуданэ зэӀущам къыхэщӀыкӀауэ лъакъуэм фӀалъхьэ (лъэгуажьэм нэсуи нэхъ кӀэщӀуи щыӀэщ). Зыгуэрхэр къэпсэлъэнти, иӀэ маржэ, иджы дызыхуейр къызэхэфлъхьэ: щӀакӀуэ зиӀэм – щӀакӀуэ, мэлыфэ зиӀэм – мэлыфэ, къамэ, бгырыпх, уанэ, шхуэ, нахъутэ, хьэзыр, шырыкъу, лъэпэд, къамышы, лъэрыгъ, пыӀэ, сэшхуэ – зи сыт уиӀэми къэгъэтӀылъ. Щынэхужьыкъуэ, 44- 45. КъалэкӀыхьым кӀуэр зы махуэм нэсмэ, етӀуанэрей махуэм къигъэзэж хабзэт, арщхьэкӀэ Алий зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: щӀымахуэщ, щӀалэр ӀэпцӀанэлъэпцӀанэщ, щӀэбзэ щӀэмылъу бэлъто кӀагуэ тӀэкӀур мыхьэнэншэщ, джэдыгу пщымыгъмэ, кепкэри хъунукъым, пыӀэфӀ пщхьэрымыгъмэ, бэтинкӀитӀри щӀымахуэ уаем вакъэ хъунукъым, лъэпэд хуабэ тӀуанэ щӀэмылъмэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. ХъумакӀуэм ящыщ къыщӀыхьэмэ, бжэм и деж сыщысыххэщ, и лъакъуитӀым зыкӀэрызукӀэнщи, изудынщ, фэ фыжи, и Ӏи и лъакъуи фпхы, и жьэми лъэпэдыжь гуэр жьэдэфкуи, си ужьым фиту псым зыныхэвдзэ. Лъапсэ, 41.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çorap

Düzeltme Öner

лъэпэд
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.