лъэныкъуабэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЛъэныкъуэкӀэ ещӀа; зи щхьэр лъэныкъуэкӀэ иша.

рупокосившийся

Жьышхуэ къепщэри Хъуэжэ и унэр лъэныкъуабэ ищӀащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

+1 örnek

Жыраслъэнхэ я куэбжэ лъэныкъуабэм къыкъуэплъу Тинэ щытт.— Ӏуащхьэмахуэ

Bu maddedeki ifadeler (1)

лъэныкъуабэ хъун

рупотерять большую часть состояния.

Kitapta geçtiği hali

лъэныкъуабэ покосившийся / ЛъэныкъуэкӀэ ещӀа; зи щхьэр лъэныкъуэкӀэ иша. * Жьышхуэ къепщэри Хъуэжэ и унэр лъэныкъуабэ ищӀащ. Къэб. фольк. Жыраслъэнхэ я куэбжэ лъэныкъуабэм къыкъуэплъу Тинэ щытт. Ӏуащхь. Лъэныкъуабэ хъун потерять большую часть состояния.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. И зы лъэныкъуэр нэхъ гъэщхьа, ешэха.

Унэшхуэ зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113

+2 örnek

Бэлацэ лъэныкъуабэ зыкъищӀри, Ӏуащхьэ цӀыкӀу къомым дежкӀэ плъэурэ жиӀащ Бзукъан къуажэм и хъыбарыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 300

А сыхьэтым макъ вуужу, Марэфэ псынщӀэу къызэхех, Къаплъэм – а члисэр щымытыжу И къутахуэм Ӏугъуэр хех, Мис а танкым и щхьэ джабэр Лъэныкъуабэу игъэшащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 163

2. ЛъэныкъуэкӀэ еба, ещӀа.

[Лу:] Джэду шыр ипӀу унэ лъэныкъуабэм щӀэбгъэсыну? [Тинэ]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518

+1 örnek

Жыраслъэнхэ я куэбжэ лъэныкъуабэм къыкъуэплъу Тинэ щытт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523

Kitapta geçtiği hali

ЛЪЭНЫКЪУАБЭ (7). 1. (5). И зы лъэныкъуэр нэхъ гъэщхьа, ешэха. Унэшхуэ зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. Бэлацэ лъэныкъуабэ зыкъищӀри, Ӏуащхьэ цӀыкӀу къомым дежкӀэ плъэурэ жиӀащ Бзукъан къуажэм и хъыбарыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 300. А сыхьэтым макъ вуужу, Марэфэ псынщӀэу къызэхех, Къаплъэм – а члисэр щымытыжу И къутахуэм Ӏугъуэр хех, Мис а танкым и щхьэ джабэр Лъэныкъуабэу игъэшащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 163. 2. (2). ЛъэныкъуэкӀэ еба, ещӀа. [Лу:] Джэду шыр ипӀу унэ лъэныкъуабэм щӀэбгъэсыну? [Тинэ] Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518. Жыраслъэнхэ я куэбжэ лъэныкъуабэм къыкъуэплъу Тинэ щытт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523.

Düzeltme Öner

лъэныкъуабэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.