лъэгуажьэмыщхьэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (2)
лъэгуажьэмыщхьэ зигъэуэн
рустать на колени.
лъэгуажьэмыщхьэ зэрыщӀын
рудовести друг друга до изнеможения (в споре, в борьбе).
Kitapta geçtiği hali
лъэгуажьэмыщхьэ лъэгуажьэмыщхьэ зигъэуэн стать на колени. Лъэгуажьэмыщхьэ зэрыщӀын довести друг друга до изнеможения (в споре, в борьбе).
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Егъэлеяуэ зыгуэрым елъэӀун.
[Къылышбий и къуэм Астемыр жриӀэу:] СынолъэӀун уи гугъэ, лъэгажьэмыщхьэ зысщӀу?— Хъуэпсэгъуэ нур, 122
Deyimler (2)
лъэгуажьэмыщхьэу увын
1. ЛъэгуажьэкӀэ щыту лъаӀуэн.
[Къыдырыр] Къру къомыр пшэм хэкӀуэдэжа нэужь, и фӀалъэ лъакъуитӀымкӀэ лъэгуажьэмыщхьэу уври тхьэм елъэӀуащ: - Ялыхь, зыгуэр къысхуэпщӀэххэнумэ, дамитӀ къызэт.— Кхъухь пхэнж, 496
+1 örnek
[Ботэх лаборанткэхэм яжриӀэу:] Хъуну Ӏэмал зимыӀэщ, фыкъаплъэ, лъэгуажьэмыщхьэу сыувауэ сыволъэӀур.— Лъапсэ, 97
2. Щхьэщэ хуэщӀын.
Зэм лъэгуажьэмыщхьэу увырти, къуршым захуигъэзауэ нэмэз ещӀ жыпӀэну, щхьэщэ яхуищӀырт, зэми усэ гуэрхэр езым итхарэ имытхарэ умыщӀэу къибжырт.— Щынэхужьыкъуэ, 64
лъэгуажьэмыщхьэу къэувын
ЛъэӀукӀэ зыгуэрым зыхуэгъэзэн.
Сеймэным шкӀэр иӀыгът, афэ джанэу, абыкӀэ зихъумэн и хьисэпу, и нитӀри, гужьеяуэ, къихурт, лъэгуажьэмыщхьэуи къэувауи лъаӀуэрт: - СумыукӀ, сыгъэпсалъэ, сумыукӀ, си къуэш, сумыукӀыу сыгъэпсалъэ.— Лъапсэ, 52
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭГУАЖЬЭМЫЩХЬЭ : ЛЪЭГУАЖЬЭМЫЩХЬЭ ЗЫЩӀЫН (1). Егъэлеяуэ зыгуэрым елъэӀун. [Къылышбий и къуэм Астемыр жриӀэу:] СынолъэӀун уи гугъэ, лъэгажьэмыщхьэ зысщӀу? Хъуэпсэгъуэ нур, 122. ◊ Лъэгуажьэмыщхьэу увын (3). 1. (2). ЛъэгуажьэкӀэ щыту лъаӀуэн. [Къыдырыр] Къру къомыр пшэм хэкӀуэдэжа нэужь, и фӀалъэ лъакъуитӀымкӀэ лъэгуажьэмыщхьэу уври тхьэм елъэӀуащ: - Ялыхь, зыгуэр къысхуэпщӀэххэнумэ, дамитӀ къызэт. Кхъухь пхэнж, 496. [Ботэх лаборанткэхэм яжриӀэу:] Хъуну Ӏэмал зимыӀэщ, фыкъаплъэ, лъэгуажьэмыщхьэу сыувауэ сыволъэӀур. Лъапсэ, 97. 2. (1). Щхьэщэ хуэщӀын. Зэм лъэгуажьэмыщхьэу увырти, къуршым захуигъэзауэ нэмэз ещӀ жыпӀэну, щхьэщэ яхуищӀырт, зэми усэ гуэрхэр езым итхарэ имытхарэ умыщӀэу къибжырт. Щынэхужьыкъуэ, 64. Лъэгуажьэмыщхьэу къэувын (1). ЛъэӀукӀэ зыгуэрым зыхуэгъэзэн. Сеймэным шкӀэр иӀыгът, афэ джанэу, абыкӀэ зихъумэн и хьисэпу, и нитӀри, гужьеяуэ, къихурт, лъэгуажьэмыщхьэуи къэувауи лъаӀуэрт: - СумыукӀ, сыгъэпсалъэ, сумыукӀ, си къуэш, сумыукӀыу сыгъэпсалъэ. Лъапсэ, 52.