лъэбышэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЛъэбгъукӀэ теувэ, лъакъуэ Ӏушэ.
рукосолапый
ЛӀыжь цӀыкӀу лъэбышэ.
2. Лъакъуэ Ӏушэм лъэкъуапӀэ иригъэща вакъэ.
рустоптанная на одну сторону (обувь)
Вакъэ лъэбышэ.
+1 örnek
Гуэшэрыкъыр лъэбышэрэ, баш кӀыхьыжьыр игъэдалъэм - Шухьэбанщ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
3. ЛъэныкъуэкӀэ ещӀа, лъэныкъуабэ хъуа.
рупокосившийся набок (напр. дом)
Унэ лъэбышэ.
Kitapta geçtiği hali
лъэбышэ 1. косолапый / ЛъэбгъукӀэ теувэ, лъакъуэ Ӏушэ. * ЛӀыжь цӀыкӀу лъэбышэ. 2. стоптанная на одну сторону (обувь) / Лъакъуэ Ӏушэм лъэкъуапӀэ иригъэща вакъэ. Вакъэ лъэбышэ. * Гуэшэрыкъыр лъэбышэрэ, баш кӀыхьыжьыр игъэдалъэм - Шухьэбанщ. Къэб. фольк. 3. покосившийся набок (напр. дом) / ЛъэныкъуэкӀэ ещӀа, лъэныкъуабэ хъуа. Унэ лъэбышэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЛъэбгъукӀэ теувэ, лъакъуэ Ӏушэ. -319.
Долэт езыр лъэбышэт, бабыщ зекӀуэкӀэм ещхьт и зекӀуэкӀэри, Бэлацэ «висорэ» сыт жыхуиӀэр и тхьэкӀумэм иригъэхьакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 318
+2 örnek
Зыхуэхъум зыхуэмыхъур ӀэщӀокӀуадэ, - жиӀэри иджыри къэс зэтӀэхъужу щыса мыщэ лъэбышэр къэпсэлъащ, Ӏуэщхъу фӀэкӀа умыщӀэну: - Фыныбэ нэщӀым фо хьэкӀуэ щхьэ фымышхрэ?— Кхъухь пхэнж, 503
Уакъ-уакъ-уакъ, псымкӀэ зевгъэхь, - жаӀэри къебэ-небэу лъэбышэ къомыр псыӀэрышэмкӀэ еӀащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490
2. ЛъэныкъуэкӀэ ещӀа, лъэныкъуабэ хъуа.
Елизаветэ уэрамым унэ зэтет щӀагъуэ теттэкъым, унэ лъэбышэ цӀыкӀухэм шхапӀэ щӀэтти, лэпсымэ, лы гъэжьам и мэ ӀэфӀхэр къыщӀихырт, афицархэр шхапӀэм щызэхуэсауэ я хьэкъувыкъу макъ зэхэпхырт, цӀыхубз дыхьэшх макъи абы къыдэкӀуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 112
+2 örnek
Жьы къепщэ псоми ирагъэщӀ, Абы лъэбышэ ар къищӀащ [жыгейр].— Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112
…Уэрамым дэкӀыртэкъым лы жьэрымэ, шыбжийм, бжьыным, бжьыныхум я мэр, къалэдэсхэм я унэ лъэбышэхэр якъутэу унэшхуэ куэд курзалри яхэту зэращӀ, жыг хади зэрагъэтӀыс лъандэрэ куэдыщи хъуакъым, си шыпхъум зэрыжиӀэмкӀэ.— Лъапсэ, 6
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭБЫШЭ (10). плъыф. 1. (7). ЛъэбгъукӀэ теувэ, лъакъуэ Ӏушэ. Долэт езыр лъэбышэт, бабыщ зекӀуэкӀэм ещхьт и зекӀуэкӀэри, Бэлацэ «висорэ» сыт жыхуиӀэр и тхьэкӀумэм иригъэхьакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 318-319. Зыхуэхъум зыхуэмыхъур ӀэщӀокӀуадэ, - жиӀэри иджыри къэс зэтӀэхъужу щыса мыщэ лъэбышэр къэпсэлъащ, Ӏуэщхъу фӀэкӀа умыщӀэну: - Фыныбэ нэщӀым фо хьэкӀуэ щхьэ фымышхрэ? Кхъухь пхэнж, 503. Уакъ-уакъ-уакъ, псымкӀэ зевгъэхь, - жаӀэри къебэ-небэу лъэбышэ къомыр псыӀэрышэмкӀэ еӀащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490. 2. (3). ЛъэныкъуэкӀэ ещӀа, лъэныкъуабэ хъуа. Елизаветэ уэрамым унэ зэтет щӀагъуэ теттэкъым, унэ лъэбышэ цӀыкӀухэм шхапӀэ щӀэтти, лэпсымэ, лы гъэжьам и мэ ӀэфӀхэр къыщӀихырт, афицархэр шхапӀэм щызэхуэсауэ я хьэкъувыкъу макъ зэхэпхырт, цӀыхубз дыхьэшх макъи абы къыдэкӀуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. Жьы къепщэ псоми ирагъэщӀ, Абы лъэбышэ ар къищӀащ [жыгейр]. Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112. …Уэрамым дэкӀыртэкъым лы жьэрымэ, шыбжийм, бжьыным, бжьыныхум я мэр, къалэдэсхэм я унэ лъэбышэхэр якъутэу унэшхуэ куэд курзалри яхэту зэращӀ, жыг хади зэрагъэтӀыс лъандэрэ куэдыщи хъуакъым, си шыпхъум зэрыжиӀэмкӀэ. Лъапсэ, 6.