лъэбыцэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи лъакъуэхэм цы кӀыр тет.
румохноногий
Хьэ лъэбыцэ. Мыщэ лъэбыцэ.
Kitapta geçtiği hali
лъэбыцэ мохноногий / Зи лъакъуэхэм цы кӀыр тет. Хьэ лъэбыцэ. Мыщэ лъэбыцэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зи лъакъуэхэм цы куэд тет.
Уэ лъэбыцэ къуацэ, мыщэ лъэбыцэжь, КъыпкӀэрохур бацэ, Емынэунэжь. «— Бажэ пшынэ, 6
+1 örnek
Псым нэхъ щыгъуазэр къаз, бабыщ, псыхэуэщ, сэ сщӀэрэ, нэгъуэщӀ Ӏэджи щыӀэщ узэупщӀын, - жиӀэурэ мыщэ лъэбыцэжьыр къэгурымащ.— Кхъухь пхэнж, 505
2. ЦӀыху мылъагэ, хэщӀыхьа, гъумытӀэхэм хужаӀэ.
[Алыджыкъуэ:] Сэри сыщыӀуплъэм гу лъыстащ: цӀыхубзыр зэщӀэуфауэ бэзэрым щытетам и ныбжьыр хэкӀуэтауэ лъэбыцэ цӀыкӀуу къысфӀэщӀами, апхуэдэу жьытэкъым, илъэс щэщӀым куэдкӀэ фӀэмыкӀауэ арат, нэкӀу хъурейт, быртӀым цӀыкӀуу, нэщхъыфӀэу къоплъмэ, цӀыхубз лъагъугъуафӀэ гуакӀуэ хуэдэуи щытт…— МелыӀыч, 441
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭБЫЦЭ (5). плъыф. 1. (4). Зи лъакъуэхэм цы куэд тет. Уэ лъэбыцэ къуацэ, мыщэ лъэбыцэжь, КъыпкӀэрохур бацэ, Емынэунэжь. «Бажэ пшынэ», 6. Псым нэхъ щыгъуазэр къаз, бабыщ, псыхэуэщ, сэ сщӀэрэ, нэгъуэщӀ Ӏэджи щыӀэщ узэупщӀын, - жиӀэурэ мыщэ лъэбыцэжьыр къэгурымащ. Кхъухь пхэнж, 505. 2. (1). зэхь. ЦӀыху мылъагэ, хэщӀыхьа, гъумытӀэхэм хужаӀэ. [Алыджыкъуэ:] Сэри сыщыӀуплъэм гу лъыстащ: цӀыхубзыр зэщӀэуфауэ бэзэрым щытетам и ныбжьыр хэкӀуэтауэ лъэбыцэ цӀыкӀуу къысфӀэщӀами, апхуэдэу жьытэкъым, илъэс щэщӀым куэдкӀэ фӀэмыкӀауэ арат, нэкӀу хъурейт, быртӀым цӀыкӀуу, нэщхъыфӀэу къоплъмэ, цӀыхубз лъагъугъуафӀэ гуакӀуэ хуэдэуи щытт… МелыӀыч, 441.