лъыгъэсын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(лъегъэс)

1. Бэлыхь хэдзэн, мыхьыр егъэхьын, уз етын.

Емынэ узыфэр бжьыдзэм лъыбгъэсауэ Пшэурэ къуажэр йогъэубыд, Псэ зыӀут псэущхьэм бжьыдзэр еӀусамэ, Емынэ узыфэм гъащӀэр зэпеуд.— Бжьыдзэ инэралу… Партыр ди пашэу, 138

+1 örnek

Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181

2. Зыгуэр етын, хуэгъэфэщэн.

Ӏэщ щаукӀ цехым къыщыщӀэдзауэ, зышэч, холодильникым езыгъашэ, зыгъэтӀылъ – Ӏэджэ мэхъури, псоми яхуэфащэ ялъыгъэс: жэмым къишэчыр джэдым къишэчым хуэдиз фӀэкӀа мыхъууи ящӀыфынущ, танэм къишэчыр гуум къишэчым нэхърэ нэхъыбэ ящӀынуми яхузэфӀокӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сыт хуэдэ Ӏэщи къащтэ, къишэчыр аракъым зытращӀыхьыр, яӀэщӀэбгуа ахъшэр зыхуэдизыр аращ.— Лъапсэ, 97

Kitapta geçtiği hali

ЛЪЫГЪЭСЫН (лъегъэс) лъэӀ. (5). 1. (4). Бэлыхь хэдзэн, мыхьыр егъэхьын, уз етын. Емынэ узыфэр бжьыдзэм лъыбгъэсауэ Пшэурэ къуажэр йогъэубыд, Псэ зыӀут псэущхьэм бжьыдзэр еӀусамэ, Емынэ узыфэм гъащӀэр зэпеуд. Бжьыдзэ инэралу… «Партыр ди пашэу», 138. Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181. 2. (1). Зыгуэр етын, хуэгъэфэщэн. Ӏэщ щаукӀ цехым къыщыщӀэдзауэ, зышэч, холодильникым езыгъашэ, зыгъэтӀылъ – Ӏэджэ мэхъури, псоми яхуэфащэ ялъыгъэс: жэмым къишэчыр джэдым къишэчым хуэдиз фӀэкӀа мыхъууи ящӀыфынущ, танэм къишэчыр гуум къишэчым нэхърэ нэхъыбэ ящӀынуми яхузэфӀокӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сыт хуэдэ Ӏэщи къащтэ, къишэчыр аракъым зытращӀыхьыр, яӀэщӀэбгуа ахъшэр зыхуэдизыр аращ. Лъапсэ, 97.

Düzeltme Öner

лъыгъэсын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.