лъапэзэвыпӀэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Насыпыншагъэ, тхьэмыщкӀагъэ, гузэвэгъуэ щызэхэпщӀэ щытыкӀэ.
[Дэфэрэдж] Сэри си фӀэщ мэхъу гузэвэгъуэ гуэр къызэрыхъуар, си ӀэнатӀэм сызэрыӀут лъандэрэ хъыджэбз мащӀэ лӀэныгъэм къезгъэла, итӀани хъуркъым: зыр щылъэпэрэпа дыдэм адрейхэри зэрынэсу, мы лъапэзэвыпӀэм зыщысхъумащэрэт жамыӀэу носри мэлъэпэрапэ, япэ итым къыщыщӀа дыдэм шокъу жиӀэу хуэзэу.— Лъапсэ, 10
Deyimler (1)
лъапэзэвыпӀэ иувэн
Гузэвэгъуэ псэм зэхищӀэу адэкӀи-мыдэкӀи кӀуапӀэ имыӀэу бэлыхь гуэрым хэхуэн.
А пӀалъэм си бзэу сызэрыпсалъэр ЛъапэзэвыпӀэ иувэпэнкъым.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395
+1 örnek
А зэм Дэрдэхъ къадым ӀэщӀэкӀыгъуафӀэу ӀэщӀэкӀа щхьэкӀэ иужьым лъапэзэвыпӀэ иуващ, и жагъуэгъухэм я гур къытепщэхэн хуэдэу.— Хьэсэпэхъумэ, 418
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАПЭЗЭВЫПӀЭ (1). Насыпыншагъэ, тхьэмыщкӀагъэ, гузэвэгъуэ щызэхэпщӀэ щытыкӀэ. [Дэфэрэдж] Сэри си фӀэщ мэхъу гузэвэгъуэ гуэр къызэрыхъуар, си ӀэнатӀэм сызэрыӀут лъандэрэ хъыджэбз мащӀэ лӀэныгъэм къезгъэла, итӀани хъуркъым: зыр щылъэпэрэпа дыдэм адрейхэри зэрынэсу, мы лъапэзэвыпӀэм зыщысхъумащэрэт жамыӀэу носри мэлъэпэрапэ, япэ итым къыщыщӀа дыдэм шокъу жиӀэу хуэзэу. Лъапсэ, 10. ◊ ЛъапэзэвыпӀэ иувэн (2). Гузэвэгъуэ псэм зэхищӀэу адэкӀи-мыдэкӀи кӀуапӀэ имыӀэу бэлыхь гуэрым хэхуэн. А пӀалъэм си бзэу сызэрыпсалъэр ЛъапэзэвыпӀэ иувэпэнкъым. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395. А зэм Дэрдэхъ къадым ӀэщӀэкӀыгъуафӀэу ӀэщӀэкӀа щхьэкӀэ иужьым лъапэзэвыпӀэ иуващ, и жагъуэгъухэм я гур къытепщэхэн хуэдэу. Хьэсэпэхъумэ, 418.