лъапщэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Лъэдиймрэ лъэнкӀапӀэнэгэгъур къыщыхэкӀымрэ я кум дэт Ӏыхьэ.
рунижняя часть голени
Уэсмэн и лъапщитӀыр фэнду уэят.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
2. Вакъэхэм, лъэпэд с. ху. щыщу лъэнкӀапӀэр щӀэзыхъумэ Ӏыхьэ.
рупаголенок
Лъэпэд лъапщэ.
+1 örnek
Темыр... шырыкъу лъапщэм дэлъ метр зэфӀэщӀыкӀар къыдилъэфырти пхъэхэр къипщырт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Kitapta geçtiği hali
лъапщэ 1. анат. нижняя часть голени / Лъэдиймрэ лъэнкӀапӀэнэгэгъур къыщыхэкӀымрэ я кум дэт Ӏыхьэ. * Уэсмэн и лъапщитӀыр фэнду уэят. Хь. А. 2. паголенок / Вакъэхэм, лъэпэд с. ху. щыщу лъэнкӀапӀэр щӀэзыхъумэ Ӏыхьэ. Лъэпэд лъапщэ. * Темыр... шырыкъу лъапщэм дэлъ метр зэфӀэщӀыкӀар къыдилъэфырти пхъэхэр къипщырт. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Вакъэм щыщу лъащхьэмкӀэ къыдэкӀуей Ӏыхьэр.
Гъуэгу ткӀум щыпщӀ мафӀэм пхисыкӀауэ И лъапщэм куэдрэ шэ техуащ, Ди хэку ар слъыгъыу сыкъикӀауэ Берлин нэсыхукӀэ сыкъэкӀуащ.— Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11
+2 örnek
Инал и ӀупэфӀэгъут ТӀутӀи, Инал зэрызихуапэм ещхьу, Шырыкъури къабзэу хуэпат, джанэ гъубжэм и щӀыӀум бгырыпх щӀэкъузауэ, пыӀэ лъахъшэри щхьэрыкъуэжауэ, шырыкъу лъапщэ кӀыхьт, джэлэфей щӀыхут.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559
Сэлэтхэм я шырыкъум лъыпсыр из хъуауэ здэкӀуэм, лъы къуалэр шырыкъу лъапщэм къыдрихуейуэ къажыхьырт.— Щынэхужьыкъуэ, 31
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАПЩЭ (5). Вакъэм щыщу лъащхьэмкӀэ къыдэкӀуей Ӏыхьэр. Гъуэгу ткӀум щыпщӀ мафӀэм пхисыкӀауэ И лъапщэм куэдрэ шэ техуащ, Ди хэку ар слъыгъыу сыкъикӀауэ Берлин нэсыхукӀэ сыкъэкӀуащ. Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11. Инал и ӀупэфӀэгъут ТӀутӀи, Инал зэрызихуапэм ещхьу, Шырыкъури къабзэу хуэпат, джанэ гъубжэм и щӀыӀум бгырыпх щӀэкъузауэ, пыӀэ лъахъшэри щхьэрыкъуэжауэ, шырыкъу лъапщэ кӀыхьт, джэлэфей щӀыхут. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559. Сэлэтхэм я шырыкъум лъыпсыр из хъуауэ здэкӀуэм, лъы къуалэр шырыкъу лъапщэм къыдрихуейуэ къажыхьырт. Щынэхужьыкъуэ, 31.