лъагъужын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(елъагъуж)
1. Япэм ялъэгъуауэ щытам аргуэру хуэзэжын.
руувидеть снова кого-что-л.
ЕтӀуанэу лъагъужын.
2. Иужь дыдэу Ӏуплъэжын, сэлам ехыжын.
рупроститься с кем-чем-л.
Сэ си шыпхъур зэ слъагъужыну сыхуейт.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
3. ЗыщӀэжын, цӀыхум и щытыкӀэм езым гу лъитэжын.
рузамечать за собой что-л. (напр. свои недостатки)
Сэ иджы солъагъуж си Ӏуэхур зэрымыщӀагъуэжыр.— Акъсырэ Залымхъан
4. И гуащӀэдэкӀым и хъер бгъэдыхьэжын.
руувидеть что-л. (напр. результаты своего труда)
Уи лӀыгъэм и хъер плъагъужу куэдрэ узикӀуэ, си щӀалэ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
лъагъужын (елъагъуж) перех. гл. 1. увидеть снова кого-что-л. / Япэм ялъэгъуауэ щытам аргуэру хуэзэжын. ЕтӀуанэу лъагъужын. 2. проститься с кем-чем-л. / Иужь дыдэу Ӏуплъэжын, сэлам ехыжын. * Сэ си шыпхъур зэ слъагъужыну сыхуейт. Къэб. фольк. 3. замечать за собой что-л. (напр. свои недостатки) / ЗыщӀэжын, цӀыхум и щытыкӀэм езым гу лъитэжын. * Сэ иджы солъагъуж си Ӏуэхур зэрымыщӀагъуэжыр. Акъ. З. 4. увидеть что-л. (напр. результаты своего труда) / И гуащӀэдэкӀым и хъер бгъэдыхьэжын. * Уи лӀыгъэм и хъер плъагъужу куэдрэ узикӀуэ, си щӀалэ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(елъагъуж)
1. Япэм ялъэгъуам аргуэру хуэзэжын, теплъэжын.
[Апчарэ] Хэт и гугъэнт хъыджэбзым и унэ къигъэзэжу илъагъужыну.— Нал къута, 223
+2 örnek
[Хьэбибэ] Нобэ худэу уи адэжь и унэ укъихьэжауэ услъагъужыну пӀэрэ? – жиӀэри, арщхьэкӀэ Албиянрэ Апчарэрэ къэкӀуэжу я Ӏэуэлъауэ макъ щызэхихым тӀысащ мафӀэр зэщӀигъэсту: си нэпсыр Ӏугъуэм къыщӀихуа ягугъэнщ жыхуиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 34
[Хъыджэбз гъэрым:] Уэ пхуэдиз фӀэкӀа мыхъуауэ сэри дэлъху цӀыкӀу сиӀэщ, слъагъужыни сымылъагъужыни.— Лъапсэ, 33
2. ЗыщӀэжын, цӀыхум и щытыкӀэм и щыуагъэхэм гу лъитэжын.
Диктантыр зэрыт тетрадыр зэ къыдатыжащэрэт, жаӀэрт псоми, щыуагъэу ящӀар зыхуэдизыр ялъагъужмэ яфӀэфӀу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619
3. Къэхъуа-къэщӀа гуэр зэман дэкӀа иужь теплъэжын.
[Ахъсар Алыджыкъуэ жриӀэу:] Дауэ къелами, иужькӀэ плъагъужынщ.— МелыӀыч, 449
ЯгъэщӀагъуэ е яфӀэауан гуэр щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп хабзэщ, ар нэхъ гъэщӀэгъуэнти, арат дыкъызыхуэнар мыхьэнэр иӀэщ.
Абы хуэдэ батареет сымылъагъужар, жиӀэрт игукӀэ Апчарэ, гуитӀ къудей, самовар уэнжакъым ещхьу зырыз – зыр нэхъ иныӀуэу, адрейр мыхьэнэншэ дыдэу бжьамиитӀ ярыту щилъагъум.— Щынэхужьыкъуэ, 38
+2 örnek
«Къыдырыр къыводжэ» жаӀатэмэ, псэ зыӀут къэмыкӀуэнкӀи хъунт, къыдырт иджы дымылъагъужар, жаӀэнти.— Кхъухь пхэнж, 500
[Алыджыкъуэ] ЦӀыхубзыр бампӀэм къызэтричу дэкӀуеипӀэ тӀэкӀум къохри нэгъуэщӀхэм захримыгъэхыу къысщӀонакӀэ: - Алащэм сэшхуэ кӀэрыщӀауэт иджы сымылъагъужар.— МелыӀыч, 445
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАГЪУЖЫН I (елъагъуж) лъэӀ. (44). 1. (41). Япэм ялъэгъуам аргуэру хуэзэжын, теплъэжын. [Апчарэ] Хэт и гугъэнт хъыджэбзым и унэ къигъэзэжу илъагъужыну. Нал къута, 223. [Хьэбибэ] Нобэ худэу уи адэжь и унэ укъихьэжауэ услъагъужыну пӀэрэ? – жиӀэри, арщхьэкӀэ Албиянрэ Апчарэрэ къэкӀуэжу я Ӏэуэлъауэ макъ щызэхихым тӀысащ мафӀэр зэщӀигъэсту: си нэпсыр Ӏугъуэм къыщӀихуа ягугъэнщ жыхуиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 34. [Хъыджэбз гъэрым:] Уэ пхуэдиз фӀэкӀа мыхъуауэ сэри дэлъху цӀыкӀу сиӀэщ, слъагъужыни сымылъагъужыни. Лъапсэ, 33. 2. (2). ЗыщӀэжын, цӀыхум и щытыкӀэм и щыуагъэхэм гу лъитэжын. Диктантыр зэрыт тетрадыр зэ къыдатыжащэрэт, жаӀэрт псоми, щыуагъэу ящӀар зыхуэдизыр ялъагъужмэ яфӀэфӀу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619. 3. (1). Къэхъуа-къэщӀа гуэр зэман дэкӀа иужь теплъэжын. [Ахъсар Алыджыкъуэ жриӀэу:] Дауэ къелами, иужькӀэ плъагъужынщ. МелыӀыч, 449.
ЛЪАГЪУЖЫН II (10). ЯгъэщӀагъуэ е яфӀэауан гуэр щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп хабзэщ, ар нэхъ гъэщӀэгъуэнти, арат дыкъызыхуэнар мыхьэнэр иӀэщ. Абы хуэдэ батареет сымылъагъужар, жиӀэрт игукӀэ Апчарэ, гуитӀ къудей, самовар уэнжакъым ещхьу зырыз – зыр нэхъ иныӀуэу, адрейр мыхьэнэншэ дыдэу бжьамиитӀ ярыту щилъагъум. Щынэхужьыкъуэ, 38. «Къыдырыр къыводжэ» жаӀатэмэ, псэ зыӀут къэмыкӀуэнкӀи хъунт, къыдырт иджы дымылъагъужар, жаӀэнти. Кхъухь пхэнж, 500. [Алыджыкъуэ] ЦӀыхубзыр бампӀэм къызэтричу дэкӀуеипӀэ тӀэкӀум къохри нэгъуэщӀхэм захримыгъэхыу къысщӀонакӀэ: - Алащэм сэшхуэ кӀэрыщӀауэт иджы сымылъагъужар. МелыӀыч, 445.