лентӀ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Бгъузэу зэӀуща щэкӀ Ӏыхьэ пащӀэр е абы и теплъэ зиӀэ пкъыгъуэ лантӀэ.

рулента

Тинэ и щхьэцым лентӀ хужь хищӀат.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

лентӀ лента / Бгъузэу зэӀуща щэкӀ Ӏыхьэ пащӀэр е абы и теплъэ зиӀэ пкъыгъуэ лантӀэ. * Тинэ и щхьэцым лентӀ хужь хищӀат. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Дарий е щэкӀ бгъузэ кӀыхь цӀыкӀу, нэхъыбэу хъыджэбз цӀыкӀухэм я щхьэцым хащӀэ.

Апхуэдэурэ, Дисэрэ Рахьимрэ зэӀущӀа иужькӀэ, езы Рахьим Дисэ деж къакӀуэу хуежьащ, къэкӀуэху зыгуэр къыздихьырт, кӀэнфет, лентӀ, прунж, браныч сыт хуэдэ; бостеяпхъэ, вакъэ цӀыкӀу къыщихьи къэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131

+1 örnek

Гуащэм и бостеижьым къыхащӀыкӀыжа бостей нэхъ дахэ дыдэу иӀэр хъыджэбз цӀыкӀум зыщитӀэгъат, къэбзабзэу зитхьэщӀри и щхьэцым лентӀ хужь хищӀат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523

2. МафӀэ бзий.

[Дисэ] И насыпти, иджы Гунэуэс къыхуэзащ, бацэ уэншэкум мафӀэр къызэрыпылъэлъу пӀэм хэлъ фызыр къызэщӀикъуэри и ӀэплӀэм илъу бжэмкӀэ къеӀащ, и щыгъыным мафӀэ бзийр Дарий лентӀ плъыжьым ещхьу пылъэлъу.— ГущӀэгъу, 424

3. Ӏэщэм иралъхьэ шэр зэкӀэлъыкӀуэу игъэмбауэ зэрылъ гъущӀ кӀыхь, пӀатӀронташ.

Палестинхэр зэрызехьэу ЩӀылъэм тетмэ, инщ я губжь, ПӀэтӀрон лентхэр къешэкӀауэ ЩамыщӀыххэ щӀым лъэужь.— Уафэ къащхъуэм пшэр хужьыбзэу. «Вагъуэ махуэ», 342

+1 örnek

Таша пулемет лентӀ пщӀэхэлъ хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556

Kitapta geçtiği hali

ЛЕНТӀ (7). 1. (4). Дарий е щэкӀ бгъузэ кӀыхь цӀыкӀу, нэхъыбэу хъыджэбз цӀыкӀухэм я щхьэцым хащӀэ. Апхуэдэурэ, Дисэрэ Рахьимрэ зэӀущӀа иужькӀэ, езы Рахьим Дисэ деж къакӀуэу хуежьащ, къэкӀуэху зыгуэр къыздихьырт, кӀэнфет, лентӀ, прунж, браныч сыт хуэдэ; бостеяпхъэ, вакъэ цӀыкӀу къыщихьи къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. Гуащэм и бостеижьым къыхащӀыкӀыжа бостей нэхъ дахэ дыдэу иӀэр хъыджэбз цӀыкӀум зыщитӀэгъат, къэбзабзэу зитхьэщӀри и щхьэцым лентӀ хужь хищӀат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523. 2. (1). зэхь. МафӀэ бзий. [Дисэ] И насыпти, иджы Гунэуэс къыхуэзащ, бацэ уэншэкум мафӀэр къызэрыпылъэлъу пӀэм хэлъ фызыр къызэщӀикъуэри и ӀэплӀэм илъу бжэмкӀэ къеӀащ, и щыгъыным мафӀэ бзийр Дарий лентӀ плъыжьым ещхьу пылъэлъу. ГущӀэгъу, 424. 3. (2). Ӏэщэм иралъхьэ шэр зэкӀэлъыкӀуэу игъэмбауэ зэрылъ гъущӀ кӀыхь, пӀатӀронташ. Палестинхэр зэрызехьэу ЩӀылъэм тетмэ, инщ я губжь, ПӀэтӀрон лентхэр къешэкӀауэ ЩамыщӀыххэ щӀым лъэужь. Уафэ къащхъуэм пшэр хужьыбзэу. «Вагъуэ махуэ», 342. Таша пулемет лентӀ пщӀэхэлъ хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556.

Düzeltme Öner

лентӀ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.