лажьи хъати
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (1)
лажьи-хъати имыӀэн
1. Зыри имылажьэу, гуэныхь темылъу, хейуэ.
Абдеж щыщӀэдзауэ «Бахъсэн событэм» лажьи-хъати зимыӀэ куэд Ислъэмей къуажэм щыщуи щымыщуи хокӀуэадэ, щӀыхэкӀуэдар зыми имыщӀэу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526
+2 örnek
Куэд дэмыкӀыу, Хьэжбарэ лажьи-хъати имыӀэ пэтрэ, тутнакъэщым иса и адэмрэ и къуэшымрэ я гъусэу хэкум ирашри ягъэкӀуэдащ, вредителу ирашам яхэту.— Нэгъуху, 33
Адыгэхэр тырку кхъухь гуэрым теуэри кхъухьыпщыр яӀэщӀэукӀати, ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэм адыгэр игъэпшынащ, теуам я унагъуэм щыщу щӀалэ зырыз къуэдыуэ къытралъхьати, абы яхэхуащ Дэфэрэдж и дэлъху нэхъыщӀэ цӀыкӀур, лажьи-хъати имыӀэу, уеблэмэ балигъи мыхъуауэ.— Лъапсэ, 33
2. Зыри къыщымыщӀауэ, дерт, сэкъат имыӀэу, Ӏэпсолъэпсоуэ.
И насыпти, Дорофеич лажьи-хъати имыӀэу къелат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625
+1 örnek
[Къэрэмырзэ] И насыпыжьти, и нэшхуитӀым л
Kitapta geçtiği hali
ЛАЖЬИ ХЪАТИ: ◊ лажьи-хъати имыӀэн (16). 1. (10). Зыри имылажьэу, гуэныхь темылъу, хейуэ. Абдеж щыщӀэдзауэ «Бахъсэн событэм» лажьи-хъати зимыӀэ куэд Ислъэмей къуажэм щыщуи щымыщуи хокӀуэадэ, щӀыхэкӀуэдар зыми имыщӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. Куэд дэмыкӀыу, Хьэжбарэ лажьи-хъати имыӀэ пэтрэ, тутнакъэщым иса и адэмрэ и къуэшымрэ я гъусэу хэкум ирашри ягъэкӀуэдащ, вредителу ирашам яхэту. Нэгъуху, 33. Адыгэхэр тырку кхъухь гуэрым теуэри кхъухьыпщыр яӀэщӀэукӀати, ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэм адыгэр игъэпшынащ, теуам я унагъуэм щыщу щӀалэ зырыз къуэдыуэ къытралъхьати, абы яхэхуащ Дэфэрэдж и дэлъху нэхъыщӀэ цӀыкӀур, лажьи-хъати имыӀэу, уеблэмэ балигъи мыхъуауэ. Лъапсэ, 33. 2. (6). Зыри къыщымыщӀауэ, дерт, сэкъат имыӀэу, Ӏэпсолъэпсоуэ. И насыпти, Дорофеич лажьи-хъати имыӀэу къелат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. [Къэрэмырзэ] И насыпыжьти, и нэшхуитӀым л