кӀэщӀэуӀуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кӀэщӀоуӀуэ)
1. Зыгуэрым и щӀыбагъымкӀэ ехьэхауэ еуэн, щӀагъ, лъабжьэ гуэрым щӀэуэн.
руударять кого-что-л. снизу
2. Зыгуэрым гу зыгуэрым лъебгъэтэн мурадкӀэ етӀыркъын, мащӀэу жьэхэуэн.
руподтолкнуть кого-л.
Ӏэнэм тет джэд лыбжьэм, шыпсым я мэр къызэрыщӀихьэу, Исуф кӀэщӀэуӀуащ Мартин.— Щомахуэ Амырхъан
Kitapta geçtiği hali
кӀэщӀэуӀуэн (кӀэщӀоуӀуэ) неперех. гл. 1. ударять кого-что-л. снизу / Зыгуэрым и щӀыбагъымкӀэ ехьэхауэ еуэн, щӀагъ, лъабжьэ гуэрым щӀэуэн. 2. переносное подтолкнуть кого-л. / Зыгуэрым гу зыгуэрым лъебгъэтэн мурадкӀэ етӀыркъын, мащӀэу жьэхэуэн. * Ӏэнэм тет джэд лыбжьэм, шыпсым я мэр къызэрыщӀихьэу, Исуф кӀэщӀэуӀуащ Мартин. Щ. Ам.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кӀэщӀоуӀуэ)
Зыгуэрым мащӀэу зыгуэр жьэхэуэн.
Мывэ фӀыцӀэжьхэр фэрэкӀ напэу Къегъыхыу яхьыр яӀэ гъащӀэр. Зы жыгым жыгыр кӀэщӀэуӀуэу Нэпс щӀэзыгъэкӀым йодэхащӀэр— Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39
Kitapta geçtiği hali
КӀЭЩӀЭУӀУЭН (кӀэщӀоуӀуэ) лъэмыӀ. (1). Зыгуэрым мащӀэу зыгуэр жьэхэуэн. Мывэ фӀыцӀэжьхэр фэрэкӀ напэу Къегъыхыу яхьыр яӀэ гъащӀэр. Зы жыгым жыгыр кӀэщӀэуӀуэу Нэпс щӀэзыгъэкӀым йодэхащӀэр. Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39.