кӀэщӀэтхыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кӀэщӀотхыхь)
Зыгуэрым ухуэхъущӀэу, и зэран къэплъыхъуэу, зы щӀэуфа гуэр къыщӀэбгъэщу е пцӀы теплъхьэу тхьэусыхафэ сыт хуэдэ тхын.
рунаписать донос, анонимку на кого-л.
Жагъуэгъум кӀэщӀэтхыхьын.
Kitapta geçtiği hali
кӀэщӀэтхыхьын (кӀэщӀотхыхь) перех. гл. написать донос, анонимку на кого-л. / Зыгуэрым ухуэхъущӀэу, и зэран къэплъыхъуэу, зы щӀэуфа гуэр къыщӀэбгъэщу е пцӀы теплъхьэу тхьэусыхафэ сыт хуэдэ тхын. Жагъуэгъум кӀэщӀэтхыхьын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кӀэщӀотхыхь)
Зыгуэрым ухуэхъущӀэу, и зэран къэплъыхъуэу, зы щӀэуфа гуэр къыщӀэбгъэщу е пцӀы теплъхьэу тхьэусыхафэ сыт хуэдэ тхын.
АрщхьэкӀэ зи щхьэ щымыӀэм и шыдыр сыт мэхъу жаӀэрэ – кӀэщӀэтхыхьар щежьэжым, зыкӀэщӀэтхыхьам зыкърисэри Ӏуэхур цырыцу зэӀищӀэурэ хейр мысэ иригъэщӀри мысэр хей хъуащ, уеблэмэ щыхьэту зи цӀэ ираӀуахэм еджэмэ – жаӀауэ щытари ядэжакъым, ягъэгъуар ямылъэгъуауэ къыщӀэкӀыжащ; ерэхъурэ хъунрэ щыӀэу уи ней къысщыхуэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу— Лъапсэ, 12
+2 örnek
Аргуэру зыгуэр къыткӀэщӀэтхыхьынщ кӀэзонэшыр Инал и фызышэм хэкӀуэдащ, жаӀэнщи— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583
ТрагъэкӀыну зи ужь ит тетыр нэхъыжьыж гуэрым кӀэщӀэтхыхьри центрым я унафэкӀэ комиссэ къыщагъакӀуэм, езыр ежьэжащ, сэ сахэмытми, Ӏуэхур езыр-езыру зэфӀэкӀынущ жиӀэри— Лъапсэ, 12
Kitapta geçtiği hali
КӀЭЩӀЭТХЫХЬЫН (кӀэщӀотхыхь) лъэмыӀ. (5). Зыгуэрым ухуэхъущӀэу, и зэран къэплъыхъуэу, зы щӀэуфа гуэр къыщӀэбгъэщу е пцӀы теплъхьэу тхьэусыхафэ сыт хуэдэ тхын. АрщхьэкӀэ зи щхьэ щымыӀэм и шыдыр сыт мэхъу жаӀэрэ – кӀэщӀэтхыхьар щежьэжым, зыкӀэщӀэтхыхьам зыкърисэри Ӏуэхур цырыцу зэӀищӀэурэ хейр мысэ иригъэщӀри мысэр хей хъуащ, уеблэмэ щыхьэту зи цӀэ ираӀуахэм еджэмэ – жаӀауэ щытари ядэжакъым, ягъэгъуар ямылъэгъуауэ къыщӀэкӀыжащ; ерэхъурэ хъунрэ щыӀэу уи ней къысщыхуэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу. Лъапсэ, 12. Аргуэру зыгуэр къыткӀэщӀэтхыхьынщ кӀэзонэшыр Инал и фызышэм хэкӀуэдащ, жаӀэнщи. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583. ТрагъэкӀыну зи ужь ит тетыр нэхъыжьыж гуэрым кӀэщӀэтхыхьри центрым я унафэкӀэ комиссэ къыщагъакӀуэм, езыр ежьэжащ, сэ сахэмытми, Ӏуэхур езыр-езыру зэфӀэкӀынущ жиӀэри. Лъапсэ, 12.