кӀэщӀэлъэдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кӀэщӀолъадэ)
1. Жэурэ зыгуэрым и щӀагъ щӀыхьэн, щӀэлъэдэн. Дзы-гъуэр сырэм
руподкатиться, подбежать подо что-л.
кӀэщӀэлъэдащ. Топыр гъуэлъыпӀэм кӀэщӀолъадэ.
2. ТкӀуаткӀуэ гуэрым (псы) зыгуэрым и лъабжьэм щӀэлъэдэн. Жыг псы кӀэщӀолъадэ.
рунатечь, подтечь подо что-л.
3. И гуращэр зригъэхъулӀэн мурадкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн.
руподъехать, подмазаться к кому-л.
Пэжу, гузэвэгъуэ гуэр Долэт зэрыхэхуар ӀупщӀу къижыхь-нижыхь хъуат, зэ зым кӀэщӀэлъадэу, зэ адрейм кӀэщӀэлъадэу.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
кӀэщӀэлъэдэн (кӀэщӀолъадэ) неперех. гл. 1. подкатиться, подбежать подо что-л. / Жэурэ зыгуэрым и щӀагъ щӀыхьэн, щӀэлъэдэн. Дзы-гъуэр сырэм кӀэщӀэлъэдащ. Топыр гъуэлъыпӀэм кӀэщӀолъадэ. 2. натечь, подтечь подо что-л. / ТкӀуаткӀуэ гуэрым (псы) зыгуэрым и лъабжьэм щӀэлъэдэн. Жыг псы кӀэщӀолъадэ. 3. переносное подъехать, подмазаться к кому-л. / И гуращэр зригъэхъулӀэн мурадкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн. * Пэжу, гузэвэгъуэ гуэр Долэт зэрыхэхуар ӀупщӀу къижыхь-нижыхь хъуат, зэ зым кӀэщӀэлъадэу, зэ адрейм кӀэщӀэлъадэу. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кӀэщӀолъадэ)
И гуращэр зригъэхъулӀэн мурадкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн.
Ботэх гъэшым и унафэр бетэмалу зэфӀегъэкӀ: лаборанткэхэм якӀэщӀолъадэри едэхащӀэурэ, еубзэурэ я стӀол къыдэгъэжхэм цӀыхубзхэр зыхуей гуэр дедзэри шэм и Ӏувагъыр тӀукӀэ нэхъыбэу ирегъэтх, шэр Ӏувмэ, птари нэхъыбэ мэхъури уи планыр узэрыхуей дыдэу къокӀ— Лъапсэ, 98
+1 örnek
Зэм Къылышбий и къуэм деж мажэ, зэм Аралп Залымджэрий кӀэщӀолъадэ, ирепӀащӀэ зи унэхъугъуэр къэса Ботэщ Астемыр, Долэт щӀэпӀэщӀэн лъэпкъ щыӀэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 199
Kitapta geçtiği hali
КӀЭЩӀЭЛЪЭДЭН (кӀэщӀолъадэ) лъэмыӀ. (2). И гуращэр зригъэхъулӀэн мурадкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн. Ботэх гъэшым и унафэр бетэмалу зэфӀегъэкӀ: лаборанткэхэм якӀэщӀолъадэри едэхащӀэурэ, еубзэурэ я стӀол къыдэгъэжхэм цӀыхубзхэр зыхуей гуэр дедзэри шэм и Ӏувагъыр тӀукӀэ нэхъыбэу ирегъэтх, шэр Ӏувмэ, птари нэхъыбэ мэхъури уи планыр узэрыхуей дыдэу къокӀ. Лъапсэ, 98. Зэм Къылышбий и къуэм деж мажэ, зэм Аралп Залымджэрий кӀэщӀолъадэ, ирепӀащӀэ зи унэхъугъуэр къэса Ботэщ Астемыр, Долэт щӀэпӀэщӀэн лъэпкъ щыӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 199.