кӀэртӀоф
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КӀЭРТӀОФ, КӀЭНТӀРОФ, КАНТРОФ, КАРТОФ, КЪЭРТОП; PATATES
КАНТРОФ, КАРТОФ, КЪЭРТОП, КӀЭРТӀОФ, КӀЭНТӀРОФ, (Абз. КЪЭРТӀАФ/КӀАРТӀОФ); PATATES
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи лъабжьэм и щӀэкӀэхэм шхын зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀыкӀ хадэхэкӀ.
рукартофель
КӀэртӀоф къэтӀыжын. КӀэртӀоф укъэбзын.
Kitapta geçtiği hali
кӀэртӀоф картофель / Зи лъабжьэм и щӀэкӀэхэм шхын зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀыкӀ хадэхэкӀ. КӀэртӀоф къэтӀыжын. КӀэртӀоф укъэбзын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зи лъабжьэм и щӀэкӀэхэм шхын зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀыкӀ хадэхэкӀ.
КӀэртӀоф гъэвар игъэжьэжат, джэдыкӀэ хэкъутауэ— МелыӀыч, 440
+2 örnek
Казбек Машевичу плъагъуми щакӀуэ щыгъыныр зыщихыжри къабзэлъабзэу зихуэпэжауэ гупым яхэсщ, и пащхьэм Мэмэт-щӀакъуэри, белыпэм фӀэӀуауэ щӀым къыхатӀыкӀа кӀэртӀофым ещхьу, зеукӀунтӀриеу итщ— Лъапсэ, 79
[Залымджэрий зэӀущӀэм щӀэнакӀэу щӀэупщӀащ:] – Е фи жьэм кӀэртӀоф гъэва жьэдэлъу ара?— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
2. КӀэртӀоф хьэсэ.
КӀыфӀ хъууэ хуежьат, кӀэртӀофым дыкъыхэкӀыжу зэкӀэлъхьэужьу, щэхуу фӀэкӀаи дызэмыпсалъэу унэмкӀэ къыщыдгъэзэжам.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
+1 örnek
Дыкъыхэплъмэ – румыным и фызыр апхуэдизкӀэ гъумти, дауэ гъуэлъми, кӀэртӀофым къыхощыр— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
3. КӀэртӀофым къыхэщӀыкӀа шхын.
Щхьэж и кӀэртӀоф пюрер зэхипӀытӀэу, гъущӀ лошкӀэмкӀэ дзэху шынакъым зэуэ теуӀуэрти шхапӀэр кӀыщ хъуауэ къыпфӀэщӀырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556
+1 örnek
Абы [Лу] и макъыр зэрызэхахым хуэдэу, лошкӀэкӀэ пюре зэхэзыпӀытӀэм Ӏэуэлъэуэныр щагъэтащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548
Kitapta geçtiği hali
КӀЭРТӀОФ (15). 1. (9). Зи лъабжьэм и щӀэкӀэхэм шхын зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀыкӀ хадэхэкӀ. КӀэртӀоф гъэвар игъэжьэжат, джэдыкӀэ хэкъутауэ. МелыӀыч, 440. Казбек Машевичу плъагъуми щакӀуэ щыгъыныр зыщихыжри къабзэлъабзэу зихуэпэжауэ гупым яхэсщ, и пащхьэм Мэмэт-щӀакъуэри, белыпэм фӀэӀуауэ щӀым къыхатӀыкӀа кӀэртӀофым ещхьу, зеукӀунтӀриеу итщ. Лъапсэ, 79. [Залымджэрий зэӀущӀэм щӀэнакӀэу щӀэупщӀащ:] – Е фи жьэм кӀэртӀоф гъэва жьэдэлъу ара? Хъуэпсэгъуэ нур, 91. 2. (3). КӀэртӀоф хьэсэ. КӀыфӀ хъууэ хуежьат, кӀэртӀофым дыкъыхэкӀыжу зэкӀэлъхьэужьу, щэхуу фӀэкӀаи дызэмыпсалъэу унэмкӀэ къыщыдгъэзэжам. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. Дыкъыхэплъмэ – румыным и фызыр апхуэдизкӀэ гъумти, дауэ гъуэлъми, кӀэртӀофым къыхощыр. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. 3. (3). плъыф. мыхь. КӀэртӀофым къыхэщӀыкӀа шхын. Щхьэж и кӀэртӀоф пюрер зэхипӀытӀэу, гъущӀ лошкӀэмкӀэ дзэху шынакъым зэуэ теуӀуэрти шхапӀэр кӀыщ хъуауэ къыпфӀэщӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. Абы [Лу] и макъыр зэрызэхахым хуэдэу, лошкӀэкӀэ пюре зэхэзыпӀытӀэм Ӏэуэлъэуэныр щагъэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548.