кӀэбдз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Пхэ лъакъуэ.
рузадние ноги; задние лапы
Нэсран и пщӀэгъуалэр кӀэбдзкӀэрэ матхъуэ, щхьэцыгъуэ тӀатӀэм тхъугъуэ хидзащ.— ӀуэрыӀуатэ
2. Пхэ лъакъуэм щыщ Ӏыхьэу шхужьым къыщыщӀэдзауэ лъэгуажьэ къэгъэшыпӀэм нэс къиубыдырщ; куэ.
рубедро
Гуэгуш кӀэбдз.
+1 örnek
Хъыжьокъуэ Шужьей лэгъупышхуэ пылъым хэӀэбэри кӀэбдзыр къыхилъэфащ.— Нартхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
кӀэбдзкӀэ гъэтхъуэн
ру1) осадить на задние ноги(лошадь) 2)задать кому-л. жару.
Kitapta geçtiği hali
кӀэбдз 1. задние ноги; задние лапы / Пхэ лъакъуэ. * Нэсран и пщӀэгъуалэр кӀэбдзкӀэрэ матхъуэ, щхьэцыгъуэ тӀатӀэм тхъугъуэ хидзащ. фольк. 2. бедро / Пхэ лъакъуэм щыщ Ӏыхьэу шхужьым къыщыщӀэдзауэ лъэгуажьэ къэгъэшыпӀэм нэс къиубыдырщ; куэ. Гуэгуш кӀэбдз. * Хъыжьокъуэ Шужьей лэгъупышхуэ пылъым хэӀэбэри кӀэбдзыр къыхилъэфащ. Нарт. КӀэбдзкӀэ гъэтхъуэн 1) осадить на задние ноги(лошадь) 2)задать кому-л. жару.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Псэущхьэхэм я пхэ лъакъуэ.
Шыр кӀэбдзкӀэ уври, бгъукӀэ зыщӀидзу щылъэм, Астемыр зыхуэмыӀыгъыу къехуэхынут, арщхьэкӀэ шым и пщэм ӀитӀкӀэ зришэкӀри, зэкӀэ къызэтенащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
+2 örnek
[ЦӀыхухэм хакӀуэм и гугъу ящӀырт:] – И кӀэбдзитӀым еплъыт – щыхь кӀэбдзым хуэдэщ— Нал къута, 265
Бэлацэ хъыбар гуэр жиӀат, нысащӀэр Ӏуэм жэмыш кӀуауэ, шкӀэм щызэгуигъэпым, и кӀэбдз лъакъуитӀыр къиубыду ар бжыхьым щхьэпридзауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 279
2. Куэ; цӀыхум и лъакъуэм щыщ Ӏыхьэ шхужьым къыщыщӀэдзауэ лъэгуажьэм нэс.
ЛӀыгъэ иӀэщ Рахьим иджы къакӀуэм, Саримэ къыщхьэщыжын иӀэщи, и кӀэбдзыр хузэпаудын уи гугъэкъэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 140
Kitapta geçtiği hali
КӀЭБДЗ (10). 1. (9). Псэущхьэхэм я пхэ лъакъуэ. Шыр кӀэбдзкӀэ уври, бгъукӀэ зыщӀидзу щылъэм, Астемыр зыхуэмыӀыгъыу къехуэхынут, арщхьэкӀэ шым и пщэм ӀитӀкӀэ зришэкӀри, зэкӀэ къызэтенащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. [ЦӀыхухэм хакӀуэм и гугъу ящӀырт:] – И кӀэбдзитӀым еплъыт – щыхь кӀэбдзым хуэдэщ. Нал къута, 265. Бэлацэ хъыбар гуэр жиӀат, нысащӀэр Ӏуэм жэмыш кӀуауэ, шкӀэм щызэгуигъэпым, и кӀэбдз лъакъуитӀыр къиубыду ар бжыхьым щхьэпридзауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 279. 2. (1). Куэ; цӀыхум и лъакъуэм щыщ Ӏыхьэ шхужьым къыщыщӀэдзауэ лъэгуажьэм нэс. ЛӀыгъэ иӀэщ Рахьим иджы къакӀуэм, Саримэ къыщхьэщыжын иӀэщи, и кӀэбдзыр хузэпаудын уи гугъэкъэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 140.