кӀуэцӀышыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым кӀуэцӀылъхьэн, кӀуэцӀыгъэкӀэрэхъуэн. Зыгуэрым кӀуэцӀылъу, кӀуэцӀыгъэкӀэрэхъуауэ щытын.
руа) (кӀуэцӀешыхь) перех. гл. завернуть кого-что-л. во что-л.
- ПсынщӀэу щӀакӀуэм кӀуэцӀыфшыхьи {шыщӀэр} унэм нэфхь! - кӀэлъищӀащ унафэ Дзу.— Ӏуащхь. б) (кӀуэцӀышыхьащ)
+3 örnek
неперех. гл.— быть завернутым во
что-л.
Сабийр хъыдан-жэрумэм кӀуэцӀышыхьащ.
Kitapta geçtiği hali
кӀуэцӀышыхьын а) (кӀуэцӀешыхь) перех. гл. завернуть кого-что-л. во что-л. / Зыгуэрым кӀуэцӀылъхьэн, кӀуэцӀыгъэкӀэрэхъуэн. * - ПсынщӀэу щӀакӀуэм кӀуэцӀыфшыхьи {шыщӀэр} унэм нэфхь! - кӀэлъищӀащ унафэ Дзу. Ӏуащхь. б) (кӀуэцӀышыхьащ) неперех. гл. быть завернутым во что-л. / Зыгуэрым кӀуэцӀылъу, кӀуэцӀыгъэкӀэрэхъуауэ щытын. Сабийр хъыдан-жэрумэм кӀуэцӀышыхьащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кӀуэцӀешыхь)
Зыгуэрым зыгуэр кӀуэцӀылъхьэн, кӀуэцӀыгъэкӀэрэхъуэн.
Хуохъури гуауэм щыхьэтлыкъи Шум сабийуэ гъыр къегъуэтыр, КӀуэцӀешыхьыр ар бащлъыкъым, Гъын тхьэмыщкӀэм щимыгъэту, Зыхуэныкъуэри къуегъащӀэ. «— Тисей, 487
+2 örnek
Нурхьэлий хъыданыжь гуэрхэр зыщӀыпӀэкӀэ къыдилъэфауэ езым ейуэ илъытэ ахъшэхэр кӀуэцӀишыхьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 230
Арати, хьэдэр зейм щӀалъхьэжащ, джэбын хужьыбзэм кӀуэцӀашыхьри, хьэблэ фызхэр къакӀуэурэ хьэдагъэшхуэ хуащӀащ, езы нысащӀэм и з
(кӀуэцӀышыхьащ)
[Алыджыкъуэ:] Куэдрэ сызэпимыгъаплъэу си гъусар унэм къыщӀокӀыж, и зы блэгъущӀэм щӀакӀуэ зэкӀуэцӀышыхьа, адрей и блэгущӀэм упщӀэм бацэ щхьэнтэрэ шхыӀэнрэ кӀуэцӀышыхьауэ щӀэлъу.— МелыӀыч, 456
+1 örnek
[Алыджыкъуэ:] УпщӀэм кӀуэцӀышыхьар зэрыкӀуэцӀышыхьауэ сэ къызетри езым щӀакӀуэм кӀуэцӀылъыр зэрыкӀуэцӀылъу и дамэм телъу пщӀантӀэм дыкъыдокӀыжыр— МелыӀыч, 456
Kitapta geçtiği hali
КӀУЭЦӀЫШЫХЬЫН I (кӀуэцӀешыхь) лъэӀ. (6). Зыгуэрым зыгуэр кӀуэцӀылъхьэн, кӀуэцӀыгъэкӀэрэхъуэн. Хуохъури гуауэм щыхьэтлыкъи Шум сабийуэ гъыр къегъуэтыр, КӀуэцӀешыхьыр ар бащлъыкъым, Гъын тхьэмыщкӀэм щимыгъэту, Зыхуэныкъуэри къуегъащӀэ. «Тисей», 487. Нурхьэлий хъыданыжь гуэрхэр зыщӀыпӀэкӀэ къыдилъэфауэ езым ейуэ илъытэ ахъшэхэр кӀуэцӀишыхьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 230. Арати, хьэдэр зейм щӀалъхьэжащ, джэбын хужьыбзэм кӀуэцӀашыхьри, хьэблэ фызхэр къакӀуэурэ хьэдагъэшхуэ хуащӀащ, езы нысащӀэм и з
КӀУЭЦӀЫШЫХЬЫН II (кӀуэцӀышыхьащ) лъэмыӀ. (4). [Алыджыкъуэ:] Куэдрэ сызэпимыгъаплъэу си гъусар унэм къыщӀокӀыж, и зы блэгъущӀэм щӀакӀуэ зэкӀуэцӀышыхьа, адрей и блэгущӀэм упщӀэм бацэ щхьэнтэрэ шхыӀэнрэ кӀуэцӀышыхьауэ щӀэлъу. МелыӀыч, 456. [Алыджыкъуэ:] УпщӀэм кӀуэцӀышыхьар зэрыкӀуэцӀышыхьауэ сэ къызетри езым щӀакӀуэм кӀуэцӀылъыр зэрыкӀуэцӀылъу и дамэм телъу пщӀантӀэм дыкъыдокӀыжыр. МелыӀыч, 456.