кӀуэн-къэкӀуэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(макӀуэ-къокӀуэж)
Зы щӀыпӀэм сыт щыгъуи щымыӀэу.
Тенджызыжьхэм я толъкъун мардэншэр Зэрызешэу уафэм кӀуэ-къэкӀуэжу, Хым тет кхъухьхэр хъунут си хъуэпсапӀэ, Хъунт бдзэжьейми хышхуэм щемыщэжу, ДэкӀуеигъуэр гугъуми, тыншу къагъэзэжу.— Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ. «Вагъуэ махуэ», 338
+2 örnek
Уэрам еуэкӀыпӀэм деж увауэ бэзэрым кӀуэ-къэкӀуэжым еплъу щытт, ахъшэ зи куэд зи гуфӀакӀэ хуабэмрэ зыщыгугъ мыхъунумрэ зэхигъэкӀыу [Къэрэмырзэ].— Лыгъэ, 408
Я кӀуэж-къэкӀуэжыр мардэншэщ, КӀуэгъуафӀэ гъуэгур къащохъур [къуалэбзухэм]— Сэ къуалэбзухэм сохъуапсэ. «Дамыгъэ», 210
Kitapta geçtiği hali
КӀУЭН-КЪЭКӀУЭЖЫН (макӀуэ-къокӀуэж) лъэмыӀ. (5). Зы щӀыпӀэм сыт щыгъуи щымыӀэу. Тенджызыжьхэм я толъкъун мардэншэр Зэрызешэу уафэм кӀуэ-къэкӀуэжу, Хым тет кхъухьхэр хъунут си хъуэпсапӀэ, Хъунт бдзэжьейми хышхуэм щемыщэжу, ДэкӀуеигъуэр гугъуми, тыншу къагъэзэжу. Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ. «Вагъуэ махуэ», 338. Уэрам еуэкӀыпӀэм деж увауэ бэзэрым кӀуэ-къэкӀуэжым еплъу щытт, ахъшэ зи куэд зи гуфӀакӀэ хуабэмрэ зыщыгугъ мыхъунумрэ зэхигъэкӀыу [Къэрэмырзэ]. Лыгъэ, 408. Я кӀуэж-къэкӀуэжыр мардэншэщ, КӀуэгъуафӀэ гъуэгур къащохъур [къуалэбзухэм]. Сэ къуалэбзухэм сохъуапсэ. «Дамыгъэ», 210.