кӀуэкӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЗэрызекӀуэ, зэрыкӀуэ щӀыкӀэ.
рупоходка
КӀуэкӀэ дахэ иӀэн.
+1 örnek
Нафисэт и кӀуэкӀэри Хъымсад игу ирихьыжыртэкъым.— КӀэрашэ Тембот
2. Механизм гуэрхэм я лэжьэкӀэ.
рупринцип работы механизмов
Сыхьэтым и кӀуэкӀэ.
3. Зыгуэр щыджэгукӀэ (шахмат) къызэрыдэкӀ щӀыкӀэ. Ар кӀуэкӀэ хъуакъым, ферзымкӀэ кӀуэн хуеящ.
руход (напр. в шахматах)
4. Зэрылъатэ, зэрыцӀыв (шэр).
руполет (напр. стрелы)
Беслъаней пцӀапцӀэу гурышэ, си шэм и кӀуэкӀэр уигу ирихьа?— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
кӀуэкӀэ 1. походка / ЗэрызекӀуэ, зэрыкӀуэ щӀыкӀэ. КӀуэкӀэ дахэ иӀэн. * Нафисэт и кӀуэкӀэри Хъымсад игу ирихьыжыртэкъым. КӀ. Т. 2. принцип работы механизмов / Механизм гуэрхэм я лэжьэкӀэ. Сыхьэтым и кӀуэкӀэ. 3. ход (напр. в шахматах) / Зыгуэр щыджэгукӀэ (шахмат) къызэрыдэкӀ щӀыкӀэ. Ар кӀуэкӀэ хъуакъым, ферзымкӀэ кӀуэн хуеящ. 4. полет (напр. стрелы) / Зэрылъатэ, зэрыцӀыв (шэр). * Беслъаней пцӀапцӀэу гурышэ, си шэм и кӀуэкӀэр уигу ирихьа?фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЗэрыкӀуэ щӀыкӀэ. -37.
Къаз кӀуэкӀэу, хужьу хуэпауэ Пшэ хужь Ӏэрамэу бгым докӀ, Дыгъэр къахэплъэм гувауэ, Пшэ Ӏэтэ иным къыхокӀ.— Къущхьэхъу щыӀэ жэмышхэр. «Мывэ хуабэ», 36
+2 örnek
Ауэрэ зыгуэрым гу лъитащ [Къэрэмырзэ] и фэмкӀэ, и зыщӀыкӀэмкӀэ, и кӀуэкӀэмкӀэ ахъшэфӀ иӀыгъыу.— Лыгъэ, 408
[Алыджыкъуэ:] ЛӀыжьыр хуэсакъыпэурэ, шкӀащӀэ кӀуэкӀэу и лъакъуэр фӀызэблэжурэ кӀуэуэ щыслъагъум, си гум къэкӀащ: мыбыи Ӏуэхутхьэбзэ хуэзмыщӀэну Ӏэмал имыӀэу тхьэм иухагъэнщ, жысӀэу— МелыӀыч, 446
2. Ӏуэхур зэрекӀуэкӀ(а) щӀыкӀэ.
…зэгуэр тырку пащтыхьыр къеджэри Истамбыл яшауэ щытащи, абы и хъыбарыр телъыджащэу еӀуэтэж [Дэфэрэдж]. И кӀуэкӀэ хъуар мырат.— Лъапсэ, 119
Kitapta geçtiği hali
КӀУЭКӀЭ (8). 1. (7). ЗэрыкӀуэ щӀыкӀэ. Къаз кӀуэкӀэу, хужьу хуэпауэ Пшэ хужь Ӏэрамэу бгым докӀ, Дыгъэр къахэплъэм гувауэ, Пшэ Ӏэтэ иным къыхокӀ. Къущхьэхъу щыӀэ жэмышхэр. «Мывэ хуабэ», 36-37. Ауэрэ зыгуэрым гу лъитащ [Къэрэмырзэ] и фэмкӀэ, и зыщӀыкӀэмкӀэ, и кӀуэкӀэмкӀэ ахъшэфӀ иӀыгъыу. Лыгъэ, 408. [Алыджыкъуэ:] ЛӀыжьыр хуэсакъыпэурэ, шкӀащӀэ кӀуэкӀэу и лъакъуэр фӀызэблэжурэ кӀуэуэ щыслъагъум, си гум къэкӀащ: мыбыи Ӏуэхутхьэбзэ хуэзмыщӀэну Ӏэмал имыӀэу тхьэм иухагъэнщ, жысӀэу. МелыӀыч, 446. 2. (1). Ӏуэхур зэрекӀуэкӀ(а) щӀыкӀэ. …зэгуэр тырку пащтыхьыр къеджэри Истамбыл яшауэ щытащи, абы и хъыбарыр телъыджащэу еӀуэтэж [Дэфэрэдж]. И кӀуэкӀэ хъуар мырат. Лъапсэ, 119.