кӀуапӀи-жапӀи

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Deyimler (2)

кӀуапӀи-жапӀи емытын (къемытын)

Гъуэгу, блэкӀыпӀэ емытын.

Шыр щыщырт, пхуилъырт, етхауэрт, и нитӀыр къихуу зиплъыхьырт, и пэщхъыным бахъэр кърихурт, арщхьэкӀэ нахъутэ пщӀэхэлъым и кӀапэр лӀитӀым яӀыгъти, шым кӀуапӀи-жапӀи иратыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162

+2 örnek

Уэрамым удыхьэм кӀуапӀи жапӀи къуатыркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 27

Итхьэлэми, хъарзынэщ, иретхьэлэ, - жиӀэу кхъухьыпщыр цӀыхухъу гупыфӀ и гъусэу Гуащэ сымэ къапэуври кӀуапӀи-жапӀи кърамыту, хъыджэбз цӀыкӀу къомыр зэщӀакъуэри здыщӀэсам яхужащ, яхуэмыкӀуэу зи лъапэ фӀэзыгъэна Гуащэ чачэу ялъэфащ— Лъапсэ, 54

кӀуапӀи жапӀи имыӀэн

1. УблэкӀыну Ӏэмал имыӀэн.

ПӀытӀу унэм щӀыхьэмэ, унэ лъэгум изу шкӀэр илъыщ, кӀуапӀи жапӀи имыӀэу— Щынэхужьыкъуэ, 57

+1 örnek

Къуэм дэкӀыу дэнэ кӀуэн, жиӀэу [Якъуб] бэлэрыгъауэ арат, дэнэкӀи къэрэгъул щысщи, кӀуапӀи жапӀи щыӀэркъым.— Нал къута, 252

2. ӀэмалщӀэпӀэншэ хъун, хэкӀыпӀэ имыӀэу.

КъеупщӀ-неупщӀурэ Якъуб жиӀэну илъэпкъыр жригъэӀэри [Бахъуэр], иужьым зэригъэзахуэу щыхуежьэм, Якъубу плъагъур къиубыдащ, кӀуапӀи жапӀи имыӀэу.— Нал къута, 262

+1 örnek

[Капитаныр цӀыхухэм яжреӀэ:] НэгъуэщӀ кӀуапӀи жапӀи диӀэкъым— Нал къута, 257

3. НэхъыфӀ дыдэу зэрыщытыным хуэдэу хъун.

[Ботэх лаборанткэхэм яжреӀэ:] Ди нартыхур гъуа жыпӀэмэ, уэлэхьи, кӀуапӀи-жапӀи имыӀэжу гъуам.— Лъапсэ, 97

Kitapta geçtiği hali

КӀУАПӀИ-ЖАПӀИ: ◊ кӀуапӀи-жапӀи емытын (къемытын) (5). Гъуэгу, блэкӀыпӀэ емытын. Шыр щыщырт, пхуилъырт, етхауэрт, и нитӀыр къихуу зиплъыхьырт, и пэщхъыным бахъэр кърихурт, арщхьэкӀэ нахъутэ пщӀэхэлъым и кӀапэр лӀитӀым яӀыгъти, шым кӀуапӀи-жапӀи иратыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. Уэрамым удыхьэм кӀуапӀи жапӀи къуатыркъым. Щынэхужьыкъуэ, 27. Итхьэлэми, хъарзынэщ, иретхьэлэ, - жиӀэу кхъухьыпщыр цӀыхухъу гупыфӀ и гъусэу Гуащэ сымэ къапэуври кӀуапӀи-жапӀи кърамыту, хъыджэбз цӀыкӀу къомыр зэщӀакъуэри здыщӀэсам яхужащ, яхуэмыкӀуэу зи лъапэ фӀэзыгъэна Гуащэ чачэу ялъэфащ. Лъапсэ, 54. КӀуапӀи жапӀи имыӀэн (7). 1. (3). УблэкӀыну Ӏэмал имыӀэн. ПӀытӀу унэм щӀыхьэмэ, унэ лъэгум изу шкӀэр илъыщ, кӀуапӀи жапӀи имыӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 57. Къуэм дэкӀыу дэнэ кӀуэн, жиӀэу [Якъуб] бэлэрыгъауэ арат, дэнэкӀи къэрэгъул щысщи, кӀуапӀи жапӀи щыӀэркъым. Нал къута, 252. 2. (3). ӀэмалщӀэпӀэншэ хъун, хэкӀыпӀэ имыӀэу. КъеупщӀ-неупщӀурэ Якъуб жиӀэну илъэпкъыр жригъэӀэри [Бахъуэр], иужьым зэригъэзахуэу щыхуежьэм, Якъубу плъагъур къиубыдащ, кӀуапӀи жапӀи имыӀэу. Нал къута, 262. [Капитаныр цӀыхухэм яжреӀэ:] НэгъуэщӀ кӀуапӀи жапӀи диӀэкъым! Нал къута, 257. 3. (1). НэхъыфӀ дыдэу зэрыщытыным хуэдэу хъун. [Ботэх лаборанткэхэм яжреӀэ:] Ди нартыхур гъуа жыпӀэмэ, уэлэхьи, кӀуапӀи-жапӀи имыӀэжу гъуам. Лъапсэ, 97.

Düzeltme Öner

кӀуапӀи-жапӀи
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.