кӀамунист
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Урысыбзэ ныкъуэкӀэ: коммунист. 1917 гъэм къэхъуа революцэм иужькӀэ къэзэрагъэпэщауэ щыта коммунистическэ партым хэт цӀыху.
[Хьэбибэ:] Къуэ сиӀэщи – кӀамунистщ, пхъу сиӀэщи – кӀапсэмолщ.— Нал къута, 225
2. Коммунистхэм ейуэ щыт зыгуэр.
[Думэсарэ:] Агрогорэдыр кӀамунист жэнэту къалъытащи, псори жэнэтым кӀуэну йоӀэ, арщхьэкӀэ псори жэнэтым пхуэшэн?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545
Kitapta geçtiği hali
КӀАМУНИСТ (2). 1. (1). Урысыбзэ ныкъуэкӀэ: коммунист. 1917 гъэм къэхъуа революцэм иужькӀэ къэзэрагъэпэщауэ щыта коммунистическэ партым хэт цӀыху. [Хьэбибэ:] Къуэ сиӀэщи – кӀамунистщ, пхъу сиӀэщи – кӀапсэмолщ. Нал къута, 225. 2. (1). плъыф. мыхь. Коммунистхэм ейуэ щыт зыгуэр. [Думэсарэ:] Агрогорэдыр кӀамунист жэнэту къалъытащи, псори жэнэтым кӀуэну йоӀэ, арщхьэкӀэ псори жэнэтым пхуэшэн? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545.