къэщӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къещӀэ)
1. Зыгуэрым щыгъуазэ зыщӀын, зыгуэрым гу лъытэн.
руузнать, выяснить что-л.
Ӏуэхум и пэжыпӀэр къэщӀэн.
+1 örnek
КъакӀуэ мыдэ, дыздэгъажэ, Уэ ужэрым сэ къэсщӀэнщ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
2. И акъыл хуэкӀуэн, гурыӀуэгъуэ щыхъун, зэхэщӀыкӀын.
руугадать, разгадать что-л.; догадаться о чем-л.
- Ар дыдэщ, си хъыджэбз, тэмэму къэпщӀащ, - жиӀэри Цурэ макъ иригъэщӀу тутыным щӀэфащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
3. КъэцӀыхун.
руопознать, узнать кого-л.
Уи къэкӀуэкӀэмкӀэ укъэтщӀэщ, Уи тесыкӀэмкӀэ утцӀыхущ {Сосрыкъуэ}.— Нартхэр
Kitapta geçtiği hali
къэщӀэн (къещӀэ) перех. гл. 1. узнать, выяснить что-л. / Зыгуэрым щыгъуазэ зыщӀын, зыгуэрым гу лъытэн. Ӏуэхум и пэжыпӀэр къэщӀэн. * КъакӀуэ мыдэ, дыздэгъажэ, Уэ ужэрым сэ къэсщӀэнщ. Къэб. п. и ант. 2. угадать, разгадать что-л.; догадаться о чем-л. / И акъыл хуэкӀуэн, гурыӀуэгъуэ щыхъун, зэхэщӀыкӀын. * - Ар дыдэщ, си хъыджэбз, тэмэму къэпщӀащ, - жиӀэри Цурэ макъ иригъэщӀу тутыным щӀэфащ. Къ. Хь. 3. опознать, узнать кого-л. / КъэцӀыхун. * Уи къэкӀуэкӀэмкӀэ укъэтщӀэщ, Уи тесыкӀэмкӀэ утцӀыхущ {Сосрыкъуэ}. Нарт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къещӀэ)
1. Зыгуэрым щыгъуазэ зыщӀын, зыгуэрым гу лъытэн.
Я щӀыналъэм къиӀэпхъукӀахэм къэхъуа щӀэпхъаджэр къыщащӀэм, зэанэзэпхъум я деж къэкӀуащ гузэвакӀуэ— Лэчымэ, 397
+2 örnek
Радиоузел диӀэщ колхозым, Хъыбару щыӀэр псынщӀэу къыдощӀэ, Хьэрун пщыхьэщхьэм дахэу къыджеӀэ, ФӀыщӀэшхуэр дэри щӀалэм худощӀыр— Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 97
Уэгъу махуэм жьауэ сылъыхъуауэ СыкъищӀэм, уэшхи кърегъэшх— Усэ гъусэ. «Мывэ хуабэ», 148
2. И акъыл хуэкӀуэн, гурыӀуэгъуэ щыхъун, зэхищӀыкӀын.
Махуэ къакӀуэр зищӀысынур КъащӀэт тыншу сыкъалъагъум – Уэшхи уэфӀи зылъысынур Сэ си дежым къыщалъагъурт— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 82
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Жэщ хьэщӀэм и нэгум ущӀэплъэмэ, къапщӀэрт зэрыцӀыху дыджыр, бэлыхьлажьэр ӀэщӀэщӀыхьыну зэрыщытыр, арщхьэкӀэ сыщышэнэу зыкъезгъэщӀэнутэкъым— Лъапсэ, 93
Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу, Илъэсищэ къэбгъэщӀэнщ, Упсэуным ӀэфӀу щӀэлъыр Зэ упсэукӀи къыумыщӀэн— Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315
3. КъэцӀыхун.
Хъыджэбз цӀыкӀур сымаджэ хьэлъэт, укъимыщӀэу, хьэдэ цӀыкӀум хуэдэу хэлът, и Ӏупэхэр хьэлэчу къихуауэ— Нал къута, 277
+2 örnek
Уэ жыжьэу сыноплъмэ, удахэщ, Уэ пхуэди щымыӀэ къысфӀощӀ, Гъунэгъуу уи щэнхэр сэ къасщӀэм, Мым хуэдэу удыджщи, сигу хощӀ— Мей. «Шум и гъуэгу», 74
Директорым игъэзэжщ, стӀол къыдэгъэжыр къыдигъэжри, абы гъуабжэ хъуауэ тхылъ къыдипхъуэтар Астемыр занщӀэу къищӀащ: ар Лениным и Ӏэ зытелъ тхылът, сэлэтхэм къахуитхыу— Хъуэпсэгъуэ нур, 185
Kitapta geçtiği hali
КЪЭЩӀЭН (къещӀэ) лъэӀ. (174). 1. (73). Зыгуэрым щыгъуазэ зыщӀын, зыгуэрым гу лъытэн. Я щӀыналъэм къиӀэпхъукӀахэм къэхъуа щӀэпхъаджэр къыщащӀэм, зэанэзэпхъум я деж къэкӀуащ гузэвакӀуэ. Лэчымэ, 397. Радиоузел диӀэщ колхозым, Хъыбару щыӀэр псынщӀэу къыдощӀэ, Хьэрун пщыхьэщхьэм дахэу къыджеӀэ, ФӀыщӀэшхуэр дэри щӀалэм худощӀыр. Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 97. Уэгъу махуэм жьауэ сылъыхъуауэ СыкъищӀэм, уэшхи кърегъэшх. Усэ гъусэ. «Мывэ хуабэ», 148. 2. (73). И акъыл хуэкӀуэн, гурыӀуэгъуэ щыхъун, зэхищӀыкӀын. Махуэ къакӀуэр зищӀысынур КъащӀэт тыншу сыкъалъагъум – Уэшхи уэфӀи зылъысынур Сэ си дежым къыщалъагъурт. Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 82. [Дэфэрэдж:] Жэщ хьэщӀэм и нэгум ущӀэплъэмэ, къапщӀэрт зэрыцӀыху дыджыр, бэлыхьлажьэр ӀэщӀэщӀыхьыну зэрыщытыр, арщхьэкӀэ сыщышэнэу зыкъезгъэщӀэнутэкъым. Лъапсэ, 93. Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу, Илъэсищэ къэбгъэщӀэнщ, Упсэуным ӀэфӀу щӀэлъыр Зэ упсэукӀи къыумыщӀэн. Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315. 3. (28). КъэцӀыхун. Хъыджэбз цӀыкӀур сымаджэ хьэлъэт, укъимыщӀэу, хьэдэ цӀыкӀум хуэдэу хэлът, и Ӏупэхэр хьэлэчу къихуауэ. Нал къута, 277. Уэ жыжьэу сыноплъмэ, удахэщ, Уэ пхуэди щымыӀэ къысфӀощӀ, Гъунэгъуу уи щэнхэр сэ къасщӀэм, Мым хуэдэу удыджщи, сигу хощӀ. Мей. «Шум и гъуэгу», 74. Директорым игъэзэжщ, стӀол къыдэгъэжыр къыдигъэжри, абы гъуабжэ хъуауэ тхылъ къыдипхъуэтар Астемыр занщӀэу къищӀащ: ар Лениным и Ӏэ зытелъ тхылът, сэлэтхэм къахуитхыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 185.