къэхужын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къехуж)
1. Къепхужьэжу къыздикӀамкӀэ къэгъэкӀуэжын.
рупригнать кого-что-л. (домой) (напр. стадо)
Жэмхэр къэхужын.
+1 örnek
Шыбзыр къыщахукӀэ, къадемыуэфыр Ӏыхьэншэщ, - жиӀэри Долэти елъэбышауэу ежьащ, и адэм къыщӀэна Ӏэщ къихужыну кӀуэ хуэдэ.— КӀыщокъуэ Алим
2. Узэрыс, зебгъакӀуэ зыгуэр къэгъэсыжын, къыздикӀам нэхусыжын.
рупригнать обратно (напр. машину)
Машинэр къэхужын.
3. Зыгуэр залымыгъэкӀэ, хуэмейуэ, лъэщыгъэкӀэ къэгъэкӀуэжын.
рувынудить, заставить кого-л. вернуться
Анэр цӀыкӀухэм щхьэкӀэ хъущӀэрт: - ФӀырыфӀкӀэ къэкӀуэжынукъым, - лъэщыгъэкӀэ къэхужын хуей мэхъу сыт щыгъуи.— Къэбэрдей
Kitapta geçtiği hali
къэхужын (къехуж) перех. гл. 1. пригнать кого-что-л. (домой) (напр. стадо) / Къепхужьэжу къыздикӀамкӀэ къэгъэкӀуэжын. Жэмхэр къэхужын. *Шыбзыр къыщахукӀэ, къадемыуэфыр Ӏыхьэншэщ, - жиӀэри Долэти елъэбышауэу ежьащ, и адэм къыщӀэна Ӏэщ къихужыну кӀуэ хуэдэ. КӀ. А. 2. пригнать обратно (напр. машину) / Узэрыс, зебгъакӀуэ зыгуэр къэгъэсыжын, къыздикӀам нэхусыжын. Машинэр къэхужын. 3. вынудить, заставить кого-л. вернуться / Зыгуэр залымыгъэкӀэ, хуэмейуэ, лъэщыгъэкӀэ къэгъэкӀуэжын. * Анэр цӀыкӀухэм щхьэкӀэ хъущӀэрт: - ФӀырыфӀкӀэ къэкӀуэжынукъым, - лъэщыгъэкӀэ къэхужын хуей мэхъу сыт щыгъуи. Къэб.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къехуж)
1. Къепхужьэжу къыздикӀамкӀэ къэгъэкӀуэжын.
ЖэмыхьэтитӀым Ӏэхъуэ зырыз дагъэкӀати, а тӀум Ӏэхъушэр къахужу къыщагъэзэжам, псэ зыӀут жылэм дэсыжтэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 300
+1 örnek
Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ— Нэгъуху, 50
2. Зыгуэр залымыгъэкӀэ, хуэмейуэ, лъэщыгъэкӀэ къэгъэкӀуэжын.
Брезент щӀагъым щӀэпщхьэрэ иужькӀэ Албиян щӀэплъэмэ и шыпхъур щӀэсу илъагъуу, сыкъихужынт сытми— Щынэхужьыкъуэ, 50
Kitapta geçtiği hali
КЪЭХУЖЫН (къехуж) лъэӀ. (5). 1. (4). Къепхужьэжу къыздикӀамкӀэ къэгъэкӀуэжын. ЖэмыхьэтитӀым Ӏэхъуэ зырыз дагъэкӀати, а тӀум Ӏэхъушэр къахужу къыщагъэзэжам, псэ зыӀут жылэм дэсыжтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 300. Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ. Нэгъуху, 50. 2. (1). Зыгуэр залымыгъэкӀэ, хуэмейуэ, лъэщыгъэкӀэ къэгъэкӀуэжын. Брезент щӀагъым щӀэпщхьэрэ иужькӀэ Албиян щӀэплъэмэ и шыпхъур щӀэсу илъагъуу, сыкъихужынт сытми? Щынэхужьыкъуэ, 50.