къэуӀэбжьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къоуӀэбжь)
КъэӀэнкунын, пщӀэнур умыщӀэу къэнэн, щтэӀэщтаблэ къэхъун.
руприйти в недоумение, растеряться
ПщӀантӀэм цӀыхуу дэту хъуар щӀалэр зэралъагъуу къэуӀэбжьащ.— ЩакӀуэ Талъостэн
+1 örnek
Къэрэжан къоуӀэбжь, мэкӀэзыз, и Ӏупэхэр фӀызэтож.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
къэуӀэбжьын (къоуӀэбжь) неперех. гл. прийти в недоумение, растеряться / КъэӀэнкунын, пщӀэнур умыщӀэу къэнэн, щтэӀэщтаблэ къэхъун. * ПщӀантӀэм цӀыхуу дэту хъуар щӀалэр зэралъагъуу къэуӀэбжьащ. Щ. Т. Къэрэжан къоуӀэбжь, мэкӀэзыз, и Ӏупэхэр фӀызэтож. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоуӀэбжь)
КъэӀэнкунын, пщӀэнур умыщӀэу къэнэн, щтэӀэщтаблэ къэхъун. -458.
[Алыджыкъуэ:] Си гум зыгуэр къэкӀри занщӀэу сыкъэуӀэбжьащ: догуэ, нэху ща нэужь, упщӀэ сызытелъыр, бацэ шхыӀэнымрэ щхьэнтэмрэ къыдэзыта фызым щыхуэтхьыжым деж фочыр къызжьэхиубыдэрэ «накӀуэ милицэм, уи блэгущӀэм щӀэлъу пхьыр фызабэм къыфӀэбдыгъуащ» жиӀэрэ си ужьым къиувэмэ, цӀыхум я фӀэщ мыхъуу къэнэн— МелыӀыч, 457
+2 örnek
Хьэбибэ, къэуӀэбжьащи, и ӀэлъэщӀыр зытрелъэф, ищӀэр имыщӀэжу— Нал къута, 213
Письмоулъэм и щӀыӀум «Партым и Центральнэ Комитет» жиӀэу тету щилъагъум, Астемыр занщӀэу къэуӀэбжьри плъыжьи къэхъуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 567
Kitapta geçtiği hali
КЪЭУӀЭБЖЬЫН (къоуӀэбжь) лъэмыӀ. (58). КъэӀэнкунын, пщӀэнур умыщӀэу къэнэн, щтэӀэщтаблэ къэхъун. [Алыджыкъуэ:] Си гум зыгуэр къэкӀри занщӀэу сыкъэуӀэбжьащ: догуэ, нэху ща нэужь, упщӀэ сызытелъыр, бацэ шхыӀэнымрэ щхьэнтэмрэ къыдэзыта фызым щыхуэтхьыжым деж фочыр къызжьэхиубыдэрэ «накӀуэ милицэм, уи блэгущӀэм щӀэлъу пхьыр фызабэм къыфӀэбдыгъуащ» жиӀэрэ си ужьым къиувэмэ, цӀыхум я фӀэщ мыхъуу къэнэн? МелыӀыч, 457-458. Хьэбибэ, къэуӀэбжьащи, и ӀэлъэщӀыр зытрелъэф, ищӀэр имыщӀэжу. Нал къута, 213. Письмоулъэм и щӀыӀум «Партым и Центральнэ Комитет» жиӀэу тету щилъагъум, Астемыр занщӀэу къэуӀэбжьри плъыжьи къэхъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 567.