къэуфэрэзыхьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къеуфэрэзыхь)

1. Зыгуэрым и щхьэщыгу иту и хъуреягъыр къэлъэтыхьын.

рулетать, кружить, над кем-чем-л.

Дунейр кӀыфӀ къищӀу бгъэжьым къеуфэрэзыхьыр Щэуей и щхьэщыгур.— Нартхэр

2. Ихъуреягъыр пӀейтеиныгъэ хэлъу къэжыхьын, къэкӀухьын.

руходить вокруг кого-чего-л.

Джэдум Ӏэнэр къеуфэрэзыхь.

3. Ӏужажэу зыгуэрым хущытын, еубзэн.

руобхаживать кого-л.; подхалимничать перед кем-л.

ЦӀыхухэм жаӀэ агроном щӀалэм Аминат къиуфэрэзыхьу, фи унэ хадэхэм еплъауэ, къыфхыхьэжын и гугъэу.— Къущхьэ СулътӀан

Kitapta geçtiği hali

къэуфэрэзыхьын (къеуфэрэзыхь) перех. гл. 1. летать, кружить, над кем-чем-л. / Зыгуэрым и щхьэщыгу иту и хъуреягъыр къэлъэтыхьын. * Дунейр кӀыфӀ къищӀу бгъэжьым къеуфэрэзыхьыр Щэуей и щхьэщыгур. Нарт. 2. ходить вокруг кого-чего-л. / Ихъуреягъыр пӀейтеиныгъэ хэлъу къэжыхьын, къэкӀухьын. Джэдум Ӏэнэр къеуфэрэзыхь. 3. переносное обхаживать кого-л.; подхалимничать перед кем-л. / Ӏужажэу зыгуэрым хущытын, еубзэн. * ЦӀыхухэм жаӀэ агроном щӀалэм Аминат къиуфэрэзыхьу, фи унэ хадэхэм еплъауэ, къыфхыхьэжын и гугъэу. Къу. С.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къеуфэрэзыхь)

1. Зыгуэрым и щхьэщыгу иту и хъуреягъыр къилъэтыхьын.

[Апчарэрэ и нысэмрэ] Плъэмэ – Мэшыкъуэм кхъухьлъатэ ящхьэщытщ, къауфэрэзыхьу— Нал къута, 222

+1 örnek

Штаб унэм кхъухьлъатэ къиуфэрэзыхьу щхьэщытти, арагъэнщ— Нал къута, 280

2. Ихъуреягъыр пӀейтеиныгъэ хэлъу къэжыхьын, къэкӀухьын.

[Алыджыкъуэ:] Сэри жыжьащэ сыӀумыкӀыу гур къызоуфэрэзыхь, хьэжыгъэ сщэуэ зыми зыкъезмыгъэлъагъуну— МелыӀыч, 471

+1 örnek

Советскэр зэрыуврэ, зи абгъуэ якъута бзууэ, къызофэрэзыхь, лажьи хъати симыӀэ пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505

Kitapta geçtiği hali

КЪЭУФЭРЭЗЫХЬЫН (къеуфэрэзыхь) лъэӀ. (6). 1. (3). Зыгуэрым и щхьэщыгу иту и хъуреягъыр къилъэтыхьын. [Апчарэрэ и нысэмрэ] Плъэмэ – Мэшыкъуэм кхъухьлъатэ ящхьэщытщ, къауфэрэзыхьу. Нал къута, 222. Штаб унэм кхъухьлъатэ къиуфэрэзыхьу щхьэщытти, арагъэнщ. Нал къута, 280. 2. (3). Ихъуреягъыр пӀейтеиныгъэ хэлъу къэжыхьын, къэкӀухьын. [Алыджыкъуэ:] Сэри жыжьащэ сыӀумыкӀыу гур къызоуфэрэзыхь, хьэжыгъэ сщэуэ зыми зыкъезмыгъэлъагъуну. МелыӀыч, 471. Советскэр зэрыуврэ, зи абгъуэ якъута бзууэ, къызофэрэзыхь, лажьи хъати симыӀэ пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çember çöreklenmek kuşatma muhasara

Düzeltme Öner

къэуфэрэзыхьын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.